ДИ ЩIАЛЭР КАРАТЭМКIЭ ЧЕМПИОНЩКъэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм мэлыжьыхьым и 6 - 7-хэм Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ Урысейм киокусинскаймкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 28-м я спортсмену 300-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм цIыхуитI хэтати, килограмм 90 зи хьэлъагъхэм я деж щызауэ Биткаш Давид дыщэ медаль зэпеуэм къыщихьащ икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ Урысейм и командэ къыхэхам хэхуащ. Ди щIалэр зэIущIиплIым щызэуати, абы щыщу тIум хухаха зэманыр и кIэм нимыгъэсу и хьэрхуэрэгъухэр хигъэщIащ. Иджы ар хэтынущ Европей чемпионату мы гъэм жэпуэгъуэм Румынием щекIуэкIынум. ЩIалэм и тренерыр Биткаш Емельянщ. ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|