ЩЫЗЭДАГЪЭХЪАР ГЪУНЭНШЭЩ

Кавказыр къыщазэу лъэхъэнэ дыджым лIыгъэ зезыхьа ди лъэпкъэгъухэм я сатырым вагъуэ лыду зи цIэр къахэщхэм ящыщщ Сэфралыкъуэ Мэт.

Ар хэт жытIэмэ, а зэман хьэлъэм Псыжь адрыщIкIэ, нэхъ IупщIу къэдгъэлъагъуэмэ, ИнжыджитIым я Iуфэхэмрэ абы къедза Iэхэлъахэмрэ щтапIэ ихьэжу щыпсэуа къэбэрдей адыгэхэм ящыщщ. Езыр лъхукъуэлIми, зэрыпхъуакIуэхэм псэемыблэжу япэщIэта адыгэлI щыпкъэ Ажьджыр и къуэ (Ажджэрий) Кушыку, мынэхъ пхъашэмэ (гуащIэмэ) къызэрыкIэрыху щымыIэу, дэгъуэгурыкIуа зауэлI емызэшыжщ, шыщхьэмыгъазэщ, дэфтэрхэри IуэрыIуатэри щыхьэт зэрытехъуэу…

Инжыдждэс адыгэхэм ящыщ нэхъыжьыфIхэм зэраIуэтэжымкIэ, а лIыхъужьитIым зауэ IэнатIэм щызэдагъэхъам гъуни нэзи иIэкъым. Зым и щIыб адрейр къыдэту зэдэгъуэгурыкIуа Кушыкурэ Мэтрэ ятеухуа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжа икIи бзэ къулейкIэ ахэр къезытхэкIыжар адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым ЩэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща Шэрджэс Алийщ. А цIыху емызэшыжым итхыжахэм ящыщщ мыбдежым къыщытхьынури…

 «Мыр куэд щIакъым Налшык сыкIуауэ ди щIэныгъэлI хъарзынэ Гъут Iэдэм къызэрызжиIэжрэ…», - а псалъэхэмкIэ кърегъажьэр зи гугъу тщIа лIыхъужьитIым ятеухуауэ Шэрджэсым зэхуихьэсыжа хъыбархэм ящыщ зыр.

Уи Iыхьэ - си Iыхьэ

Кушыкурэ Мэтрэ я закъуэу щыщакIуэу щыта лъэхъэнэм зы щIыпIэ ежьауэ кIуэхэрт. Адыгэ шу закъуэ къаIуощIэ. ФIэхъус зэрахри:

- Уэ, си къуэшхэ, а фыздэкIуэмкIэ пащтыхьыжьым и дзэм щыщ пакIэ цIыкIу мэз гъунэм щигъуэлъыкIауэ щылъщ, топи яIыгъыу. Абыхэм фыкъалъагъумэ хьэлэч фыкъащIынщ, зыдэвдзых нэхъ! - къажреIэр.

- Тхьэм уигъэпсэу, къуэш, укъызэрытхуэгузавэр гуапэщ, ауэ бийм и дзэ къытIущIэмэ худэддзыхыу ди Хэку дитынумэ, дэ сытым дрищIысыж, дэ апхуэдэм десакъым! - жраIэри, лIым дзэ пакIэр здэщылъымрэ я бжыгъэр гъунэгъуу зэрыхъумкIэ щIоупщIэ. ФIыщIэ зэхуащIу зэбгъэдокIыжри, щхьэж и гъуэгу тоувэж.

ЗэныбжьэгъуитIым жэщым а дзэ пакIэр здигъуэлъыкIам гъунэгъу зыхуащIри, иджыри бийр жей IэфIым хэту ятоуэ. Кушыкурэ Мэтрэ къагупсысар Iэмал мэхъаджэт - тIури зы лъэныкъуэмкIэ мыжэу, атIэ зэхуэжэу бийм и хъуреягъыр зэщIагъэхьэурэ хьэлэчыр халъхьащ. ЗыкъэзыIэтым еуэрти зэпаупщIырт, къыпаупщIар щхьэщымыху щIыкIэ къаубыдырти:

- Мэ, Ажьджырыкъуэ, мыр уи Iыхьэщ! - жиIэрти, Мэт Кушыкум хуидзырт.

- Мэ, Сэфралыкъуэ, мыр уэри уи Iыхьэщ! - жиIэрти, Кушыкум Мэт къыхуидзт.

Апхуэдэу, уафэхъуэпскIым ехьэ-екъуу, езы тIур зэхуэжэурэ, сэлэт къэушахэм зытрагъэпсыхьынур къахуэмубыдыурэ, зэныбжьэгъуитIым дзэ пакIэ цIыкIум щыщу зыри къамыгъанэу зэтраупщIэтат.

А гупыр къалъыхъуэу къэзыгъуэтыжахэм сэлэтхэм ятелъ уIэгъэ дыджхэмкIэ зэуэ къащIат мы гупым хьэлэчыр къахэзылъхьар хэт хъунуми.

ЗэныбжьэгъуитIым щхьэкIэ «адыгэ дыгъужьхэр» жаIэрт. «Дыгъужьым хуэдэу къыкъуолъэт, щысхьыншэу зэтраукIэри, дыгъужьым хуэдэуи мэбзэхыж!» - жаIэрт.

А адыгэлI пхъашитIым я хъыбар Iэджи а лъэхъэнэм къыдэкIыу щыта урыс газетхэми журналхэми къытехуэрт. Апхуэдэ зы хъыбарым зэрыжиIэжымкIэ, а тIур зыкъом щIауэ ещэрт пащтыхьыдзэм гухьауэ къулыкъу щэху хуэзыщIэ адыгэпщ епцIыжакIуэм. Зы гъэмахуэ жэщ гуэрым, я хьэхэри лы быдэу зэрыуба бжьакъуэхэмкIэ къагъэпцIауэ, зылъыхъуэм и щхьэгъубжэ щIагъым Сэфралыкъуэр щIэст, пщыр и унагъуэм къыщекIуэлIэжынум пэплъэу. Зи щхьэгъубжэр зэIудза пэшым щикIукIырт сабий тыкъыр цIыкIу зыIыгъ пщым и гуащэр. Нанур хуабжьу къиинт, и анэм хуэувыIэжыххэртэкъым. Щыхуэмышэчыжым:

- Мэ, Сэфралыкъуэ, мы гъуамэр схуэувыIэркъыми нысIых! - жеIэри, щхьэгъубжэм къыдишиикI хуэдэу зещI. Мэт, ар зылъыхъуауэ и насып къихьати, мапхъуэри сабийр къыIэщIеуд, епхъуатэри жэщ кIыфIым хобзэхэж.

А сабийр зэныбжьэгъуитIым япIат хэкунэ-хэкупсэу, адыгэ щыпкъэу…

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Сэфралыкъуэр куэдрэ щхьэщыпсэукIыжауэ дыщыгъуазэкъым сабий узым ихьыжауи шэм ихьауи жыхуаIэ и ныбжьэгъу Ажьджырыкъуэм. Кушыкупщи Сэфралыкъуи Къэбэрдейм ящыщт. Езы Сэфралыкъуэм и кIуэдыкIэ хъуар зыми жиIэжыфакъым. Ар лIэщIыгъуэжь бзаджэм (XIX) и 40 гъэхэм нэс псэуауэ хуагъэфащэ. ИужькIэ тIуми я хъыбар щыIэжакъым.

Зыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф