Урысейм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм гъатхэпэм и 12-м ягъэлъапIэ я махуэшхуэр. Мы гъэм илъэси 145-рэ ирокъу ФСИН-р къызэрызэрагъэпэщрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ щIыналъэ управленэр - илъэси 104-рэ. ЛIэщIыгъуэм щхьэдэха IэнатIэм республикэм зэрызыщиужьым, зыхуигъэувыж къалэнхэмкIэ къыддэгуэшащ Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Демидов Александр.
- Апхуэдиз илъэсхэм уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэр зэфIэувэныгъэ куэдым пхыкIащ. Абы и тхыдэр къыщожьэ 1879 гъэм, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм хэту Лъэхъуэщ управленэ нэхъыщхьэ къыщызэрагъэпэщам. Къэбэрдей-Балъкъэрым 1920 гъэхэм къыщызэIуахащ япэ пенитенциар IуэхущIапIэхэр. Ахэр щагъэтIыс унэхэу щытащ, иужьым тезырыр щагъэзэкIуэж колониехэм хуэкIуащ. Мы зэманым республикэм апхуэдэхэр плIы щохъу: япэу суд тращIыхьыу ягъэтIыса цIыхухъухэр щаIыгъхэр; нэхъапэкIи уголовнэ тезырыр ягъэтIысу зыпшынахэр; етIуанэу щIэпхъаджагъэ зылэжьа цIыхубзхэм папщIэ; мысакъыныгъэм къыхэкIыу щIэпхъаджагъэ зэралэжьам, нэхъапэкIи ямыгъэтIысахэр, апхуэдэуи иджы япэу ягъэтIысахэр, мурад ящIу щIэпхъаджагъэ мыинхэр икIи курыт хьэлъагъхэр зылэжьахэр щаIыгъхэр.
Ди дежкIэ хабзэм ебэкъуахэр гъуэгу захуэм тегъэувэжынымкIэ Iэмал нэхъыщхьэр сыт жыпIэмэ - ар лэжьыгъэщ. КъБР-м щыIэ IуэхущIапIэхэм ягъэтIысахэр щолажьэ губгъуэм, Iэщышхуэ ягъэхъу, шэхэкI продукцэхэр къыщIагъэкI, унэлъащIэ, гъущIхэкI Iэмэпсымэхэр ягъэхьэзыр, щыгъын яд, пхъэм сувенирхэр къыхащIыкI, мис абыхэм пэкIуэу улахуэ яIэрохьэ. КъщыинэмыщIауэ, абыхэм папщIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, щэнхабзэ Iуэхухэр идогъэкIуэкI. Абыхэм IэщIагъэ щызрагъэгъуэтыфынущ зыхуеджамкIэ дипломхэр къыщрат е квалификацэ щыхуагъэув еджапIэм.
Тезырхэр щрагъэхьэкI федеральнэ IэнатIэм и зыужьыныгъэр гущIэгъум хуэгъэза мэхъу. Абы ехьэлIауэ къызэрагъэпэщащ икIи зэпымыууэ зрагъэубгъу я хьэл мыхъумыщIэхэр щызыхагъэн центрхэм. Мыхэр зыхуэгъэзар къуэншар жылагъуэм пэIэщIэ ямыщIу ягъэлэжьэнырщ. Иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ центру плIы щыIэщ.
Апхуэдэу жылагъуэм пэIэщIэ ямыщIу къуаншагъэр ирегъэпшыныж Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм. Къапщтэмэ, фIэкIыпIэ зимыIэ лэжьыгъэхэр ирырагъэхьэкI, къулыкъу хэхахэр яIыгъынымкIэ хуитыныгъэхэм пагъэкI е лэжьыгъэ щхьэхуэхэр ягъэзэщIэнымкIэ яIа хуитыныгъэр трах; инспекцэхэм я учётым щытхэр щагъэгъуазэ щIэпхъаджагъэ е нэгъуэщI хабзэншагъэхэм пэIэщIэн зэрыхуейм.
ЩIышылэм и 1-м къару игъуэтащ «Урысей Федерацэм пробацэм и IуэхукIэ» законым, лъэхъуэщым исыр абы и фIыгъэкIэ гъащIэм хагъэзэгъэжу щIадзэ хуит ящIыжын ипэкIэ. Суд унафэм къызэщIиубыдэ пIалъэр икIыным мазибгъу иIэжу суд зытращIыхьар хуитщ лэжьапIэ увынымкIэ, щIэныгъэ зригъэгъуэтынымкIэ, псэуныгъэмрэ хабзэмрэ, медицинэ страхованэм ехьэлIа IуэхухэмкIэ къечэнджэщыным теухуауэ къащыдэIэпыкъуну, лэжьыгъэншэу учётым ягъэувыным, нэгъуэщIхэмкIи езыр зыщыпсэу щIыпIэм зыщыхуигъэзэну. Тезырым и пIалъэр имыух щIыкIэ суд зытращIыхьа психологие дэIэпыкъуныгъэ иратынущ езыр абыкIэ арэзыуэ. Мыбдеж къыщыхэзгъэщынщи, законыр зэпэщу гъэзэщIэныр ФСИН-м и мызакъуэу, властым и органхэми елъытащ. НаIуэу зэрыщытщи, суд зытращIыхьар хуит хъужа иужь ипэрей гъащIэм хэзэгъэжынымкIэ къэрал, муниципальнэ программэхэр ягъэзэщIэн хуейщ.
Дауи, ди лэжьыгъэм IэщIагъэлIхэр щыдимыIэу хъунукъым. Дэ ди пщэ къралъхьащ щIэпхъаджагъэ зэхищIыхьауэ шэч зыхуащI е ягъэкъуаншэ цIыхухэр тIыгъыныр, суд зытращIыхьахэм жылагъуэм пэIэщIэ ямыщIу тезырыр япшыныныр къызэгъэпэщыныр, условнэу суд зытращIыхьахэм я дуней тетыкIэм кIэлъыплъыныр, цIыхухэр залымыгъэкIэ щаIыгъ щIыпIэхэм щалэжьа щIэпхъаджагъэхэр зэхэгъэкIыныр, суд зытращIыхьахэр гъэIэпхъуэныр, ахэр гъащIэм хэгъэзэгъэжыныр къызэгъэпэщыным ехьэлIа къалэнхэр. А псоми щыхурагъаджэ ведомствэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Щапхъэу къэтхьынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы гъэм школхэр къыщызыуххэр щIэтIысхьэ хъунущ ФСИН-м и еджапIэ нэхъыщхьэхэу 5-м. Абы къикIыркъым, лэжьакIуэ къащтэхэр УИС-м и еджапIэ IэнатIэхэр къэзыухахэр арауэ. Дэ дахоплъэ IэщIагъэм ехьэлIауэ къагъэувхэм хуэкIуэхэр къыхэхыным: ахэр я ныбжькIэ илъэс 18-м мынэхъыщIэ е илъэс 40-м щIимыгъухэрщ, я IуэхузехьэкIэкIи хабзэкIи, щIэныгъэрэ узыншагъэкIэ къалэнхэр зыгъэзэщIэфынухэр къыхыдох.
ЛIэщIыгъуэрэ ныкъуэм нэблэгъауэ дэ дытетщ законыр хъумэным. УзэплъэкIыжмэ, зэIухауэ уриплъэфынущ уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм гъуэгуанэшхуэ къызэрикIуам. ГурыIуэгъуэщ иджыри зэфIэтхыну къытпэщылъхэри. КъБР-м щыIэ УФСИН-м и гупыр хьэзырщ къыпэщыт къалэнхэр нэщIысауэ гъэзэщIэным, трагъащIэ хабзэмрэ шынагъуэншагъэмрэ гъэбыдэным, Урысейм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и зыужьыныгъэмкIэ унэтIыныгъэхэр пхыгъэкIыным.
Ди псалъэмакъым и кIэухыу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ ди ветеранхэмрэ нобэрей лэжьакIуэхэмрэ. Сыт хуэдэ зэманми ди IэнатIэр гугъуу щытащ. Iуэхум гудзакъэ хэлъу бгъэдыхьэным и мызакъуэу, псори IэщIагъэм зэрыхуэщIам Iэмал къыдет ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрыдгъэхьэну. Мы махуэшхуэм дэтхэнэми сохъуэхъу узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ, гъащIэ кIыхь яIэну.
Зыгъэхьэзырар УЭРДОКЪУЭ Женящ.