ИIэкъым ужьых адыгэ макъым

Хьэрып дунейм щы­цIэ­рыIуэ «Vogue Arabia» журналым иджыблагъэ ады­гэхэм тыгъэ дахэ къахуи­щIащ - фокIадэ мазэм ирихьэлIэу дунейм къытехьэ къыдэкIыгъуэр зэрыщыту Иордание пащтыхьыгъуэр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм ятриухуащ.

Журналыр къыдэкIын ипэ игъэIуа хъыбарым къы­зэ­ры­хэ­щымкIэ, бжьыхьэпэ къыдэ­кIыгъуэр хамэщI щыпсэу адыгэхэм, псом хуэмыдэу Иорданиер етIуанэ хэку зы­хуэхъуахэм, я дуней щхъуэ­кIэплъыкIэм, абыхэм я тхыдэ къулеймрэ щэнхабзэ телъы­джэмрэ, цIыхугъэмрэ дуней тетыкIэмрэ ехьэлIащ. «Ады­гэ­хэр бгы уардэхэмрэ щIыгулъ бэвхэмрэ я лъахэм, Хы ФIыцIэм и ищхъэрэ-къуэ­кIы­пIэ лъэныкъуэхэм къегъэ­щIы­лIа хэгъэгъум къикIащ. Урысей пащтыхьыгъуэм адэжь ­хэкур лъэщыгъэкIэ зригъэбгына лъэпкъым сыт хуэдиз ­гугъуехь и фэ дэкIами, ­хэ­­кIуэ­­дэжакъым, и бзэрэ и лъэпкъыщхьэрэ ихъумэ­жы­фащ. Лъапсэрыхым и архъуа­нэм ирихьами, лъэпкъ дахэм хузэфIэкIащ и пшы­налъэ хьэ­лэмэтлажьэхэр имыгъэужьы­хын, и IуэрыIуатэ бейр зыIэ­щIимыгъэхун, зи хуэдэ щы­мыIэ къафэхэр къы­зэтринэн. Адэжь щIэиныр ­псэ­хэлъхьэж икIи гугъэмыгъэ­кIуасэ зыхуэхъуа лъэпкъым етIуанэ гъащIэ щигъуэтыжащ Иорда-            нием, Амман и Iэгъуэб­лагъэм. Абдеж абыхэм къы­щызэ­ра­гъэпэща хасэхэм ­кIуэ­дыпIэ ихуа адыгэ гъащIэм и нэхэр щIэрыщIэу къигъэплъэжащ…»
Адыгэ хэхэс дунейр къызэ­ры­­мыкIуэу инщ. Ди лъэпкъэгъу­хэм нэхъыбэу уащрихьэлIэ Тырку, Щам, Иордание, Из­раиль къэралыгъуэхэм тхыдэ гъэщIэгъуэн щызэрагъэпэщащ, я цIэр фIыкIэ къыщрагъэIуащ, пщIэшхуэ зыщыхурагъэщIащ. Апхуэдэ фIэ­лIы­кIыр абыхэм къахуэзыхьар, псом япэрауэ, зэрыхуа щIы­налъэхэм пэжу икIи къэмы­лэн­джэжу зэрабгъэдэтарщ, кърагъэз дзыхьым хуэсакъыу къызэрекIуэкIарщ. Дэнэ щIы­пIэ къыщыщIидзами, ады­гэр сыт щыгъуи захуагъэм и телъ­хьэ, гъунэгъу хьэкъымрэ зеиншэ хьэкъымрэ я щыжакIуэ хъурт. ЦIыхугъэм и мар­дэхэр лъапIэныгъэу къэ­зы­лъытэ лъэпкъым и дуней тетыкIэр ахэр къэзылъагъу жылэхэм щапхъэ яхуэхъуащ, «шэрджэсым хуэдэщ» жыIэгъуэр щытхъушхуэ къызэрыкI псалъэу я бзэм хыхьащ.
«Vogue Arabia» журналым зэритхымкIэ, адыгэхэм я ­лъапэр Иорданием къыщрашия далэм къыщегъэжьауэ зэ­рызэкъуэтымкIэ икIи зэ­рызахъумэжымкIэ, я щхьэ къезы­хьэлIами псэемыблэ-жу зэрыбгъэдэтымкIэ щIэх я цIэр щIыпIэм щызэлъащIысащ. «Vogue Arabia» журналым къехь Иорданием кIуа ады­гэ­хэм яIэ пщIэр къызэралэ-      жьа щIыкIэм и тхыдэ кIэщIыр. Япэ гупыр, шапсыгъхэр, иджырей Амман къалэм и Iэхэлъахэм 1868 гъэм къе­кIуэлIащ. Балкан щIыналъэм щекIуэкIа лъапсэкIуэд зауэм  и мывэщхьэлым къыди-                дзы­жа мащIэм ящыщт ахэр. Абыхэм яужькIэ мы щIыпIэм къэ­кIуащ къэбэрдейхэр, бжьэ­­дыгъухэр, абазэхэхэр. Иор­­даныщIыр а лъэхъэнэм Уэсмэн пащтыхьыгъуэм иIыгъ­­ти, Iэмал зэриIэкIэ адыгэхэр зауэрэ бырсыррэ здэщы­мыIэ щIыпIэ щигъэ­тIысыну­тэ- къым - бэдэуийхэмрэ друзхэмрэ япэщIигъэуващ. ЩIы­­пIэм къихьа адыгэхэм ахэр щыгуфIыкIакъым: япэ илъэс 30 - 40-м зауэ-банэм ­хэту екIуэкIащ. ЩытыкIэр нэхъ зэтес щыхъуар Иорданиер Уэс­мэн пащтыхьыгъуэм къы­хэ­кIыу, Инджылызым и жьауэм щIэту къэралыгъуэу зэфIэува нэужьщ. Хьэшим лIакъуэм къыхэкIауэ, Мухьэмэд бегъымбарым и щIэблэм щы-щу Хъусен и къуэ Абдулыхь ­пащтыхьыгъуэщIэм и тет ­хъуну къыщыувым, ар бэ­дэуийхэм ямыдэу къызэрыIэтат. ПшахъуэщIым къыкIуэцI­рыкI пащтыхь щауэр яукIыну къызэрыхь бэдэуийхэм ады­гэхэр япэуващ, шу плIыщI ­хуэдиз хъууэ. Абыхэм Абдулыхь къаухъуреихьри зэ­рызехьэм къыхашащ, хъума хъун папщIи Амман къашащ. 1923 гъэм бэдэуийхэм пащ­тыхьыгъуэщIэ къэунэхур ямы­­дэу зыкъаIэтащ. Арщ­хьэкIэ мызыгъуэгуми ады­гэ­хэр Абдулыхь къыкъуэуващ, Истамбыл къикI тыркудзэм бэдэуийхэр зэбрихухункIэ зэ­хэуэри увыIакъым. Тетыгъуэр зыIэ­рыхьа пащтыхь щIалэм адыгэхэм къыхуащIар щы­гъупщакъым. Абы адыгэхэр щхьэхъумэ ищIащ, и сэрейри Амман къихьащ. Щамрэ Мэчэрэ зэпызыщIэ гъущI гъуэ­гу зэблэкIыпIэм деж щыс адыгэ къуажэм псынщIэу ­зиужьу хуежьащ, мыгувэуи къэралыгъуэщIэм и щыхьэр хъуащ. Абдулыхь деж къы­щегъэжьауэ пащтыхьхэм я щхьэхъумэу къыхахыр ады­гэхэращ. Пащтыхь сэрейм и щIыхьэпIэм деж щыту нэтынхэм къигъэлъагъуэ, адыгэ фащэр къызыщылыдыкI ­щIа­лэ бжьыфIэхэр мис а шухэм, зэгуэр хэкур лъэщыгъэкIэ зрагъэбгынахэм я щIэблэщ.
ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Иордание  пащтыхьыгъуэм адыгэу мини 120-м нэблагъэ щопсэу. Пасэрей къутахуэхэм къыхащIыкIыжа, нобэ къалэшхуэ хъуа Амман къищы­нэмыщIауэ, адыгэхэм яухуащ Джэраш (къэбэрдейхэр), Уадисир (шапсыгъхэр, бжьэ­дыгъухэр, абазэхэхэр), Нэхьур (бжьэдыгъухэр, шапсыгъхэр), Рысейфэ (къэбэрдейхэр), Сыуейлыхь (къэбэрдейхэр), Мухьиджирин (къэбэрдейхэр) къуа­жэхэр. Иорданием щы­Iэщ Заркъэрэ СухьнэкIэ зэ-джэ шэшэн къуажитIи. Зи цIэ къитIуа жылагъуэхэр нобэ ­къалэм и хьэблэ хъужами, а щIыпIэхэм иджыри Iуву ди лъэпкъэгъухэр щопсэу, ха­сэхэр щаIэщ, зэхуэсы­пIэхэм-рэ уэршэрыпIэхэмрэ куэду къы­щызэрагъэпэщ. Адыгэ-хэм яIэ пщIэм къыхэкIащ ­Амман и курыкупсэм ит, пащ­тыхь щауэ Хьэмзэ и цIэр зе­зыхьэ Адыгэ еджапIэшхуэр. Мыбы щоджэ ди лъэпкъэ­гъу­хэм я щIэблэр, щызэра­гъащIэ адыгэбзэр, Адыгэ ­Хабзэр, лъэпкъ щэнхабзэр.
«Vogue Arabia» журналыр топсэлъыхь Иорданием щып­сэу адыгэхэм ящыщу къэралым и зыужьыныгъэм хэлъ­хьэ­ныгъэ хуэзыщIа цIыху цIэ­рыIуэхэм. Апхуэдэу абыхэм къахэкIащ дуней псом къыщащIэ къэрал къулыкъущIэхэу Хьэбжокъуэ Саид Муф­тий, Бабыгу Исмэхьил, Бырмамыт Мэхьир Фуаз, Гъуто­къуэ Исмэхьил, Къандур Изэт, Сэбаншы Дукъан, дзэпщ цIэрыIуэхэр. Абыхэм ящыщщ Шурдымхэ Ихьсанрэ ТIа­хь­синрэ, Хъупщ МыIумин, Дэ­дэхъу Мухьэмэд, Бэрзэдж Тарекъ, тхакIуэхэу Къандур Мухьэдин, Iэпщацэ Зэхьра, Хъунагуэ Надие, Жэрыщты Жансет, щIэныгъэлIхэу ЩауэфI Ани, Борэн Ахьмэд, Мэ­шы­къуэ Зэчий, Iумэт Хьэсэн, нэгъуэщIхэри.
Иорданием ит адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зэрепх Адыгэ ФIыщIэ Хасэм. Хасащхьэм хэтщ зэгуэр къуажэу щытауэ, иджы Амман и хьэб-лэ хъуа жылиблым я хасэ ­тхьэмадэхэр. Мыбдеж ди лъэпкъэгъухэр къыщызэрагъэпэщащ дунейм щынэхъ       ин дыдэ, адыгэ тхыдэмрэ щэн­хабзэмрэ ятещIыхьа тхылъ хъумапIэмрэ дэфтэр хъу­мапIэмрэ - бзэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэмкIэ къыдэкIауэ абы хэлъщ тхылъ мини 100-м щIигъу. Адыгэ ФIыщIэ Хасэм мазэ къэс зэ къыдегъэкI «Нарт» журналыр. А фIэщыгъэ дыдэр зиIэ телевиденэри егъэлажьэ. Абы къищы­нэ­мы­щIауэ, Иорданием жыджэру щолажьэ Нэхъыжь хасэр, Бзылъхугъэ хасэр, Ныбжьы­щIэ Хасэр.
Журналым къыщыхьащ Иорданием щыпсэу адыгэ цIыхухэм я псэукIэмрэ я ду-ней тетыкIэмрэ къызытещ сурэт плъыфэбэхэр, къыщыгъэлъэгъуащ лъэпкъым и щэн­хабзэр нэгум къыщIэзыгъэувэ теплъэгъуэ хьэлэмэтхэр. Журналыр дунейм къы­техьэнымкIэ жэрдэмыр къы­зыбгъэдэкIхэм зэрыжаIэмкIэ, адыгэхэр Иорданием и ­тхы­дэм гуэх имыIэу епха лъэпкъщ, ахэр хэмыту а блэкIар уи нэгум къыпхущIэмыгъэхьэну, апхуэдэ дыдэуи жылагъуэ-экономикэ гъа­щIэми и зы унэтIакIуэщ, арын­шэу абы зиужьынкIэ Iэмал имыIэу. Иорданием и Iэтащхьэм адыгэхэр зи бзэрэ ­щэнхабзэрэ зиIэ, хьэрыпхэм къащхьэщыкI лъэпкъ щхьэ­хуэу къелъытэ, абыхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным и шэсыпIи йоувэ.
«Данэмрэ къэуцымрэ ды­хэсми, дыхэхэсщ. Хэку­жьыр зэгуэр я щIэблэм зэрагъуэ­тыжынум епха хъуэпсапIэхэм хъыбарыбэр тражыIыхьурэ ­        ди нэхъыжьыфIхэр дунейм ехыжащ. Дызыхэсым пщIэ къыт­хуащIми, дыщыпсэу щIы­пIэм ди Iуэхухэр щыдэкIми, дыкъыщыхъуа Адыгэ Хэкур ди плъапIэщ, аращ дэ ­къару къыдэзытыр, дыщыIэ-ну гукъыдэж дэзыгъэщIыр, щIыбагъ дызэриIэр тщимыгъэгъупщэу дунейм дытезыгъэтыр. Ди макъыр Хэкуращ зымыгъэужьыхыр», - жеIэ зы нэхъыжь. Дуней псом зэлъащIысыну журнал цIэрыIуэм Хэку хъуапсэр зэрымыужьыхар уи лъэпкъэгъум жриIэныр хэкурысым и пщIэр лъагэу зыIэт щхьэусыгъуэ ирокъури,  абы хуэфэщэн Тхьэм дищI, езы журналри гъуэгу махуэ Тхьэм тригъэувэ.
ТАБЫЩ  Мурат.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.