Лъэпкъ щIалэгъуалэ театрым и гъэсэнхэм я тхылъхэр иратыж

Налшык и Къэрал ки­ноконцерт гъэлъэгъуапIэм сер­тификатхэр щратыжащ «Сыринэ» япэ адыгэ щIалэгъуалэ театр студием и гъэсэнхэм. ИлъэситI ипэ­-кIэ курсым щIэтIысхьа цIыху 15-р зыпэплъа дип­ломхэр къаIэрыхьэжащ. 

Адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр хъумэным зи лэжьыгъэр теухуа «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым 2020 гъэм къызэIуиха театрым увыпIэфI щиубыдащ республикэм и щэнхабзэм, театр гъуазджэм, егъэ­джэ­ныгъэм. Фигу къэдгъэкIы­жынщи, фондым и къалэн нэхъыщхьэр адыгэбзэр, лъэпкъ щэнхабзэр хъу­мэнырщ. 
ЩIалэгъуалэ театрым и унафэщI Гугъуэтыж Ахь­мэд жиIащ ялэжь Iуэхум мы­хьэнэшхуэ зэриIэр, зы­хуа­гъэувыжа къалэнхэр зэ­рызрагъэхъулIар. Студием и гъэсэн 16-м ящыщу 15-м еджа­пIэр къаухащ, языныкъуэхэм я мурадщ театрым щыджэгуну. ИлъэситIым ­къриубыдэу ныбжьыщIэхэр утыкуми театр лэжьыгъэми хэсыхьащ. Студием къыщIигъэкIахэм я пIэкIэ нэгъуэщI ныбжьыщIэ гуп къащтэнущ. 
Гугъуэтыж Ахьмэд зэрыжиIэмкIэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм Къэрал киноконцерт гъэ­лъэгъуапIэм и пэш цIыкIур яхухихащ студием и гъэсэнхэр щылэжьэну. НэхъапIэм гупыр мазищ-плIым утыку къихьэу щытамэ, иджы «Сы­ринэ» театрым Iэмал иIэщ мазэ къэс зыкъигъэлъэгъуэну. 
- ТхакIуэ, драматург, «Жан» зэгухьэныгъэм и унафэщI, «Горянка» журналым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ щIалэ­гъуалэм яхуитха пьесищыр гупым ягъэуващ. Ар республикэ псом щагъэлъэ­гъуащ. КъБР-м щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт гупым я утыку итыкIэр щилъагъум, мыкоммерцэ IуэхущIапIэхэм я республикэ грант зэпеуэм я зэфIэкI щеплъыжыну иригъэблэгъащ. Мы зэхыхьэри министерствэм и грант дэ­Iэпыкъуныгъэм и фIы­щIэщ. Театрым и репертуарым хэт лэжьыгъэхэм адэкIи зедгъэубгъуну ди хъуэпсапIэщ, - жиIащ Гугъуэтыжым. 
«Адыгэ дуней» фондым хэт псоми я зэхуэдэ ехъу­лIэныгъэщ «Сыринэ» театр-студием и зэфIэкIыр. Ап­хуэдэщ гупым чэнджэщкIи мылъкукIи защIэзыгъэкъуа, техникэ щIэныгъэхэмкIэ ­кандидат, философие щIэ­ныгъэхэмкIэ доктор, профессор Хъурей Феликс, «Адыгэ дуней» фондым и унафэщI, педагогикэ щIэ­ныгъэхэмкIэ кандидат Хьэ­цIыкIу Рае, фондым и правленэм хэт Къып Гупсэ, нэгъуэщIхэри. Спектакл­хэр ща­гъэувым фэилъхьэ­гъуэ­хэм я художник хъуащ дизайнер Сэралъп Мадинэ. Декорацэхэр ищIащ Сэ­ралъп Лалинэ. Утыкур ягъэ­дэхащ Шыкъ Хъусни, Баяр Чылар, Атиллэ Аскэр сымэ.
ЩIалэгъуалэ театрым и лэжьыгъэхэм кIэлъыплъ икIи ахэр зигу дыхьэ Хъурей Феликс ехъуэхъуащ студиер къэзыуха щIалэгъуалэм. Абы и псалъэм къыхигъэщащ анэдэлъхубзэкIэ псалъэ цIыхум и псантхуэм нэхъ зэрызиужьыр икIи ягу ­къигъэкIыжащ «Бзэ дап­-         щэ пщIэ­ми - апхуэдизрэ уцIыхущ» псалъэжьыр. Хъурейм «Сыринэ» театрым и фIыщIэ нэхъыщхьэу къилъытэр адыгэбзэр зэрагъэ­лажьэрщ. Урысыбзэри ха­- мэ къэралыбзэхэри пщIэн ­хуейщ, ауэ уи анэдэлъхубзэр IэщIыб пщIы хъунукъым, лъэпкъ тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр зэрыпхъумэн нэ­гъуэщI Iэмал щыIэкъым. 
Сертификатхэр яриты­жыну ирагъэблэгъа, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Що­джэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ Шыбзыхъуэ Басир щIалэгъуалэ адыгэ теат­рым и лэжьыгъэр къехъулIэу къилъытащ. Абы жиIащ Къэ­бэрдей театрым и артист нэхъыжьхэм я дежкIэ студием и гъэсэн ныбжьыщIэхэр хьэуа къабзэ пэлъытэу зэ­рыщытыр, гупым я зэфIэ­кIыр фIэгъэщIэгъуэн дыдэ зэрыхъуар, апхуэдэ щIэблэ къызыщIэхъуэ лъэпкъыр зэрынасыпыфIэр. 
- Театрыр зэ фIыуэ зы­лъэгъуар псэуху абы епцIы­жынукъым. Зи IэщIагъэр артист къимыщIыкIми, а щIалэгъуалэм театр гъуазджэр IэщIыб ящIынукъым. Ехъу­лIэныгъэ яIэну, я щIэ­ныгъэм хагъэхъуэну си гуа­пэщ, - жиIащ Шыбзыхъуэ Басир. 
- Спектаклым зэхуишэсахэм я Iуэху зэIумыбзхэр ­ящигъэгъупщэмэ, утыкум къы­щыхъум я нэр теп­лъы­зэмэ, театрым нэгъуэщI цIы­хуу къыщIэкIыжмэ - ди лэ­жьыгъэр дагъуэншэу тщIэ­уэ аращ. Театр гъащIэм япэ лъэбакъуэ хэфчауэ образ щIэщыгъуэхэр къывогъэщI. Еджэным зыкъыдэвгъахуэу, театр лэжьыгъэм зэман къы­зэрыхуэвгъуэтыр уасэншэщ! ФыкъэмыувыIэу адэкIи театр гъуазджэм фы­хуэлэжьэнумэ, фыкъеблагъэ! - жиIащ актрисэ, егъэджакIуэ, КъБР-м гъуазджэ­хэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьа­кIуэ Балъкъэр Тамарэ,  сту­диер къэзыухахэм гуапэу щехъуэхъум. 
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Тау Ритэ студиер къэзыуха щIалэгъуалэм щехъуэхъум, къы­хигъэщащ адыгэбзэкIэ псалъэ, зи хабзэрэ щэнхабзэрэ зыхъумэж ныбжьы­щIэхэр зэрилъагъум зэры­щыгуфIыкIыр. Абы жиIащ адыгэ щIалэгъуалэ театрым и мыхьэнэр зэрыуасэншэр, ар къызэзыгъэпэщахэмрэ зы­гъэлажьэхэмрэ фIыщIэ зэрахуэфащэр.
ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ «Адыгэбзэ Ха­сэ» жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI, IуэрыIуатэдж, жур­налист Табыщ Мурат къыщыпсалъэм жиIащ студиер къызэрызэIуахрэ абы и лэжьыгъэр фIэгъэщIэгъуэну зэрыкIэлъыплъыр, лэ­жьыгъэшхуэ зэрызэфIахыр, театрым цIыхубэм къаруущIэ къазэрыхилъхьэр. 
Студием щIэтIысхьахэм къакIэрыхуами, Горький Мак­сим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и ­артист, режиссёр, «Сыринэ» япэ щIалэгъуалэ театрым и художественнэ унафэщI ­Къанкъул Ислъам бгъэ­ды­хьэри, гупым захригъэтхэжащ Куп Айдэмыр. Гупри абы гуапэу къыIущIэри, яхэзэгъащ. Ар и щапхъэщ и хъуэпсапIэм хуэкIуэ цIыхум зыхуейр зэрызригъэхъу­-лIэм. Студие нэужьым Айдэмыр актёр IэщIагъэм хуе­джэным пищэну и мурадщ. 
Къанкъул Ислъам илъэ­ситIым зэфIагъэкIахэр къыщипщытэжым жиIащ зрагъэхъулIахэмкIэ зэры­арэ­зыр, пщэрылъ зыщащIы­жахэм зэрыпэлъэщар, анэ­дэлъхубзэр зымыгъэ­шы­рэуэф яхэтами, театрым и фIыгъэкIэ иджы уэрсэру зэрыпсалъэр ехъулIэныгъэу къызэрилъытэр. Студиер къэзыухахэм ящыщу, цIы­хуитхум къищынэмыщIауэ, адрейхэм а лэжьыгъэм зэ­рыпащэри IуэхуфIщ. 
Гур хэзыгъахъуэщ анэ­дэлъхубзэр зыгъэшэрыуэ адыгэ щIалэгъуалэ лъэпкъ театрым и зэфIэкIыр. Илъэс 15 - 16 зи ныбжь щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ тегушхуауэ театр утыкум зэрыщыджэгур ехъулIэныгъэщ. 

ТЕКIУЖЬ  Заретэ.
Сурэтхэр  
Ардавэ  Тамарэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист