ЩIэныгъэм и нэху

Зи гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманыр иуха сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ йокIуэлIэж я еджапIэхэм, сабий садхэм. 2023 - 2024 гъэ еджэгъуэщIэм зэрыщIидзэм и нэщэнэ япэ уэзджынэр нобэ къыщоуэ ди щIыналъэм и егъэджэ-ныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэхэми. НыбжьыщIэхэм, абыхэм я ущиякIуэхэм - гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм - я махуэшхуэм хэтщ республикэ, щIыпIэ къэрал IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, къалэ, къуажэ администрацэхэм я унафэщI-хэр, жылэхэм я нэхъыжьыфIхэр, адэ-анэхэр. 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу зэрагъэувар къыхагъэщу, ахэр гуапэу йохъуэхъу махуэщIыр зыхуэгъэза дэтхэнэми, IэнатIэм жылагъуэ щиIэ мыхьэнэмрэ игъуэт къэрал гулъытэмрэ иджыри зэ псоми гу лърагъатэу.

Махуэшхуэр зы лъэныкъуэ гуэркIэ зэмыхьэлIа цIыху гъуэтыгъуейщ: фокIадэм и 1-м лэжьэгъуэ лъэхъэнэщIэр яублэж еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт школхэм, гъэсапIэхэм. ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и лъагъуэ нэхум къызэщIиубыдэ дэкIуе- ипIэм и теувапIэ зэхуэмыдэхэм тет щIэблэр пэрохьэж Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмрпэ купщIафIэхэмкIэ гъэнщIа я IэнатIэхэм. Япэ уэзджынэм и зу макъ жьгъырум къыкIэлъыкIуэнущ еджапIэхэм я утыкушхуэхэм къыщызэрагъэпэщ гуфIэгъуэ пэкIухэр, зэIущIэ хьэлэмэтхэр, хабзэ зэрыхъуащи, мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я дерс купщIафIэхэр. А псори, дауи, яфIэхьэлэмэтщ сабий садхэм, курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я бжэхэр япэу къыIузых сабийхэм, ныбжьыщIэхэм, студентхэм.
 ЩIэныгъэхэм я махуэм ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр нэгъабэ лъандэрэ къызэIуах УФ-м и Къэрал ныпыр яIэтрэ хэкум и Къэрал гимныр ягъэзащIэу. Апхуэдэу еджэгъуэ тхьэмахуэр яублэнущ, хабзэм тету. Фигу къэдгъэкIыжынщи, жылагъуэм къыхалъхьа а жэрдэмыр диIыгъащ УФ-м и Президент Путин Владимир. А Iуэхугъуэм дапщэщи хуэмыдэ мыхьэнэшхуэ иIэщ мы зэманым, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным гулъытэшхуэ щигъуэтыжым.
Гухэхъуэщ зыхуей хуагъэзэжа, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ ящIыжа еджапIэхэм, яухуагъащIэ школыщIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ дэт щIэблэм уахэплъэну. Апхуэдэ гукъыдэж яIэщ абыхэм я егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, адэ-анэхэм. А псори и фIыгъэщ иужьрей илъэсхэм къэралым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным гулъытэшхуэ зэрыхуищIым. Зы гъи къанэркъым абы хухах ахъшэр нэхъыбэ мыхъуу. Апхуэдэу ахъшэ мымащIэ хухах «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуа унэтIыныгъэм ипкъ иткIэ екIуэкI лэжьыгъэхэр къызэгъэпэщыным. А мылъкур хуаутIыпщ школыщIэхэр ухуэным, лажьэхэр зэгъэпэщыжыным. А Iуэхугъуэ псори зэфIэхы- ным набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ республикэм и пашэхэр, щIыналъэ, щIыпIэ унафэщIхэр.
Ди щIыпIэм мы зэманми шэщIауэ щокIуэкI щIыналъэм курыт школыщIэхэр щыухуэным, щыIэхэр щызэгъэпэщыжыным епха лэжьыгъэхэр. Нэгъабэрэ мы гъэмрэ щIэуэ яухуащ е къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ еджапIэ 50-м щIигъу. ФокIадэм и 1-м я бжэхэр сабийхэм къыхузэIуахынущ Куба къуажэм, Нарткъалэ, Прохладнэ къалэм щаухуа школыщIэхэм. IэмалыщIэхэмрэ методикэ пэрытхэмрэ тещIыхьа еджэныгъэм абыхэм щыпэрыхьэнущ ныбжьыщIэ 1800-м нэс. 2023 гъэм и кIэухым ирихьэлIэу иджыри къызэIуахынущ курыт школыщIэу 7. КъыкIэлъыкIуэ 2024 гъэм абыхэм иджыри къыхэхъуэнущ 12. ЩIыналъэ 11-м къыщызэIуахыну а еджапIэщIэхэм екIуэлIэнущ ныбжьыщIэ мин1 1,5-рэ. ШколыщIэхэр къызэрагъэпэщынущ иджырей егъэджэныгъэ мардэм хуэкIуэ унэлъащIэхэмкIэ, техникэ пэрытхэмкIэ. А псори икъукIэ яхуэщхьэпэнущ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм хэт лъэныкъуитIми: егъэджакIуэхэми абыхэм я нэIэм щIэт школакIуэхэми.
Республикэм и унафэщIхэм зэрытраухуамкIэ, 2025 гъэм ирихьэлIэу КъБР-м и курыт школхэр пщэдджыжьакIуэ защIэ хъунущ. Ди гуапэ зэрыхъущи, хэхъуэ зэпыту йокIуэкI школакIуэхэм я бжыгъэми. Нэгъабэ курыт школхэм сабий мини 119,9-рэ екIуэлэжамэ, 2023 - 2024 гъэм абыхэм я бжыгъэр мини 122,7-м щIегъу. Абыхэм ящыщу мин 12,8-р япэ классым щIотIысхьэ. Нэгъабэрей бжыгъэхэм еплъытмэ, апхуэдэ цIыкIухэми къахэхъуащ.
 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьынымкIэ игъэбелджыла къалэнхэр я тегъэщIапIэу, гулъытэшхуэ егъуэт егъэджэныгъэм и мылъку-техникэ лъабжьэр нэхъри гъэбыдэным, ар бжыгъэр зи тегъэщIапIэ технологие пэрытхэм тегъэувэным, ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ куу зрагъэгъуэтын папщIэ, Iэмал псори къахузэгъэпэщыным. Апхуэдэщ егъэджакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным, егъэджэныгъэм технологие, методикэ пэрытхэр хэгъэхьэным, зэрырагъаджэ программэщIэхэр, тхылъыщIэхэр къэщтэным, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэным, лэжьыгъэм къыхэжаныкIхэр гъэпэжэным, бынунагъуэшхуэхэм щыщ сабийхэм, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм гулъытэ хэха яхуэщIыным, нэгъуэщIхэми ехьэлIа Iуэхухэми къэралыр зэрелIалIэр. КъинэмыщIауэ, школ щIэтIысхьэжыгъуэм ирихьэлIэу щIыпIэ куэдым щекIуэкIащ щэбэт щIыхьэхухэр. Абыхэм къыщалэжьа мылъкур бынунагъуэшхуэхэм щапI сабийхэм, щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэхэм исхэм хуаутIыпщащ.
Гулъытэшхуэ егъуэт щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным епха япэ лъэбакъуэхэр ныбжьыщIэм щич сабий гъэсапIэхэми. Апхуэдэ IуэхущIапIэщIэ куэд иужьрей илъэситIым щаухуащ ди республикэм. IэнатIэм зэпыу имыIэу щофIакIуэ гъэсэныгъэм, егъэджэныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Ди щIыналъэм и гъэсапIэхэр жыджэру хэтщ республикэпсо, къэралпсо зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, увыпIэфIхэри къыщахь. ГъэсапIэхэм пэщIэдзэ щIэныгъэ щызыгъуэта цIыкIухэм еджэным щыпащэ курыт школхэм, лицейхэм, гимназие зэхуэмыдэхэм. Абыхэм яхэтщ предмет хэхахэр нэхъ куууэ щаджхэри, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэзыгъэгъуазэ курс щхьэхуэхэр къыщызэгъэпэщахэри, унэтIыныгъэ хэха зиIэхэри. Курыт щIэныгъэфI зыгъуэта ныбжьыщIэхэм IэщIагъэ щызрагъэгъуэт колледж-хэм, техникумхэм, институтхэм, нэгъуэщI еджапIэхэ- ми.
 Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ къэрал IэнатIэхэм я унафэщIхэм зыхуагъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ куу зрагъэгъуэтынымкIэ Iэмал етыныр, ахэр щыпсэу щIыпIэмрэ къызыхэкIа социальнэ гупымрэ емылъытауэ. Аращ зыхуэунэтIар а Iуэхугъуэхэм епха лэжьыгъэ псори.
щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и лъагъуэ нэхум тет дэтхэнэми, а Iуэхум зи гъащIэр епха IэщIагъэлIхэми щIэныгъэлIхэми нобэрей махуэмкIэ ди гуапэу дохъуэхъу. Школхэм, гъэсапIэхэм екIуэлIэж ныбжьыщIэхэм, абыхэм я гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм папщIэ Къэрал гимным щIэту щаIэт УФ-м, КъБР-м я ныпхэр, абыхэм къыщеуэ япэ уэзджынэр псоми IуэгъуэфIхэм, лэжьыгъэщIэхэм, къэхутэныгъэщIэхэм щIэдзапIэ махуэ яхурырехъу. УсакIуэ цIэрыIуэм зэрыжиIауэ, «еджауэ, узыншэу, гуфIэжу фып-сэухэ!»

ЖЫЛАСЭ Маритэ,
«Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист

15.05.2024 - 09:31

Аращ зыщIэзэуар ди нэхъыжьхэр

Бахъсэн щIыналъэм хиу­быдэ къуажэхэм фэеплъ пэ­кIухэр, зэIущIэхэр, зэ­хуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

15.05.2024 - 09:29

Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

15.05.2024 - 09:27

Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху

15.05.2024 - 09:25

Къаруушхуэ зыхэлъ уэрэдхэр

Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ­-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залы­мыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу.