Уэр нэхъ дахи сэ згъуэтынщ

ФокIадэм и 9-м Урысейм къыщагъэлъэгъуэн щIадзэнущ мы гъэм къыдэкIа «Барби» фильмыр. Абы и зэранкIэми, и фIыгъэми, «тхьэIухуд модэм» унэтIыныгъэщIэ къыхыхьащ: дяпэкIэ хъыджэбз дахэу къалъытэм и пщэр Барби гуащэм ейм ещхьу кIыхьрэ лантIэу щытын хуейщ. Апхуэдэпщэ пфIэту дунейм укъытемыхьамэ, ягъэ кIынукъым: уи плIэмрэ уи пщэмрэ зыгъэла-жьэ хуэм «Барби-ботокс» хыбогъэIури, зэфIэкIащ.

«Ботокс» псалъэр ди псалъалъэм къызэрыхыхьэрэ мащIэ щIа? Зи нэкIу зэлъам и напафэр иукъуэдиижын папщIэ зыхиIу «ботулотоксин» ткIуаткIуэр къызыхэщIыкIар къэтщIэну и ужь дивмыгъэхьэ, къыджаIэнукъым. Абы и дэтхэнэ лIэужьыгъуэри зэрылажьэр зы IэмалкIэщ: хуэм (мышцэм) псантхуэм (нервым) и унафэр зыхимыщIэжын хуэдэу, хуэш хагъэхьэри, шэщIа зэпыту къонэ, фэм зеукъуэдииж. Дытепсэлъыхьын хуей щIэхъуар абы щIэуэ къыхыхьа лIэужьыгъуэр иджы нэкIум фIэкIауэ, пщэм зэрыIэбэрщ. Сытми, цIыхуфэр еуэ-еуэу ягъэпщ, яшэщI, ядыж. Фэбжь къатехуэу абы хуэныкъуэ хъуахэр щхьэхуэми, мастэ зыхаIуурэ нэхъ да-хэ зызыщI псори нэхъ лъагъугъуафIэ хъур пэж? А Iуэхум уз хэзыххэм я бжыгъэр ябзыщI, илIыкIаIауэ дунейм къыщытрагъэхьэр закъуэтIакъуэххэрэщ. ЗэхъуэкIыныгъэ гуэр зыдэплъагъужын папщIэ, нэхъ мащIэ дыдэу, зы плIэм (дамащхьэм) масти 10-м нэс хэпIун хуейщ. А щытыкIэр къызэрызэтенэнур илъэс ныкъуэ къудейщ.
Косметолог IэщIагъэм илъэс зыбжанэ ирилэжьа нэужь, гуэныхь къызэрихьым нэмыщI, къилэжь ахъшэм берычэт зэрыхэмылъым гу лъитэу, езыми игурэ и щхьэрэ зэбгъэжу, ар хыфIэзыдза хъыджэбзщ иджыпсту зи псалъэ зэхэфхынур. КъамыцIыхун папщIэ маскэ зыIуилъхьэщ, и макъыр компьютерымкIэ иригъэхъуэжри, ищIам хущIегъуэжа косметологым и хъыбарыр хэIущIыIу ищIащ. ЗыщIигъэпщкIур гурыIуэгъуэкъэ? Къызэрыхуамыгъэгъунур ещIэ, сыту жыпIэмэ, косметологием ахъшэшхуэ щызокIуэ.
«Сэ дохутыр сыхъуну сыхуейуэ сыхуеджащ IэщIагъэм, медицинэмкIэ институтыр къэзухащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ сиIэщ. Косметологхэм куэд къызэралэжьыр щыслъагъум, абы сыхуеджэжыным сытегушхуащ. Мазищ курс е абы нэхърэ нэхъ мащIэж къэбухмэ, хуит узыщI тхылъ къуату къыщIэкIащ. Ар къэрал хабзэм идэркъым, ябзыщIу аращ. Медицинэм хуемыджэххауэ куэд соцIыху косметологыу лажьэу. Семинар гуэрхэр щыIэщ махуитI-щым зэфIэкIрэ «сертификат», улэжьэну хуит узыщI тхылъ къуатыжу. Уеблэмэ косметологиемкIэ институт е нэгъуэщI еджапIэ къэбуха хуэдэу диплом къеIыпхыфынущ. ЦIыхухэм зыхамыщIыкI Iуэхум дзыхь хуащIри, зыкърагъэгъапцIэ. Хэхъуэр инщи, аращ псоми косметологием зыщIратар. Махуэм мини 150-рэ, мин 200 къыщысхэхъуа къысхуихуащ.
Иджыпсту «моднэщ» уи дахагъэр ебгъэфIэкIуэну. ЦIыхубз куэд щыIэщ я теплъэм арэзы къимыщIу. ЯлIхэм жрамыIэххэу, хьэгъуэлIыгъуэм и пэкIэ е иужькIэ хъыджэбзхэр макIуэ косметологым деж. НысащIэм зыгуэр зригъэIэзауэ, и теплъэр ихъуэжауэ зымыщIэххэ лIыхэр щыIэщ. Апхуэдэу сыкъалъхуащ, сыт щыгъуи апхуэдэу сыщытащ жеIэри, щIалэми ар и фIэщ мэхъу.
Косметологым лэжьэн щIидза къудеймэ, ику иту махуэм сом мин 30 хуэдиз къехь. И цIэр игъэIуауэ, псори зыщIэупщIэ гуэрмэ, махуэм сом мин 500-м нэс къилэжьыфынущ. Ауэ езы косметологхэм я лэжьыгъэм трагъэкIуадэр мащIэ дыдэщ. НэкIум и теплъэр зыхъуэж «филлерхэр» е «гиалурон фIэIупс» хуэдэхэр абыхэм я лIэужьыгъуэ нэхъ пудкIэ яхъуэж. Абы зэраныгъэ куэд дыдэ къешэ. Сэ мыпхуэдэу къысщыщIауэ щытащ. НэкIущ-хьэр нэхъ ин сщIырэ пэт, лъынтхуэм сыжьэхэуэри… Лъынтхуэм узэрыжьэхэуар занщIэу плъагъуркъым. Арати, «некроз» жыхуаIэм хуэдэ къеуэлIащ сызэIэза хъыджэбзым. Косметологием ар хьэлъэ дыдэу къыщалъытэ узщ. Хъыджэбзыр тхьэусыхэри, куэд дыдэрэ дызэрызелъэфащ. ЦIыхугъэ мымащIэ сиIэщ анализи нэгъуэщIи ямыщIу, цIыхум къеузыр зэхамыгъэкIыу, Iуэхум и ужь ихьэу. Езэгъыну пIэрэ мыпхуэдэ наркоз хуэпщIыну, псалъэм папщIэ? Абы елIэлIэххэркъым. «Литоксация» (щэр къызэрыдах Iэмал) жыхуаIэм илIыкIыпа щыIэщ. Иджыри къэхъури? И Iупэхэр ин ищIыну къэкIуащ, псалъэм папщIэ, хъыджэбзыр. Ауэ Iупэр ирегъэщIри, абы нэкIущхьэр емыкIужу къыщохъу е и пэр иныIуэу къыфIощI. ЦIыхум зэ зрегъэIэзэ косметологри, ар хьэл хуохъу хуэм-хуэмурэ. «Уэ иджыри мыхэр пщIамэ, нэхъ дахэж ухъунут», - къыжраIэ, нэхъыбэм утрагъэгушхуэ. Си щхьэкIэ, ди щIыналъэм (хъыджэбзыр Дагъыстэным щыщщ) зы косметолог искъым къыуихьэлIа пкъахуэм и зэран къыумыкIыжынкIэ шэсыпIэ иувэфыну. Гува-щIэхами, узым хуэмыкIуэжын зыри яхэткъым. Асыхьэтым къыпщымыщIIами, илъэс зыбжанэ дэкIмэ, зыкъыуигъэщIэжынущ а къыпхалъхьам.
Косметологиер IэщIагъэ нэгъэса хъуакъым иджыри. Япэ къэсыр иролажьэ абы. Зэман дэкIа нэужь, теплъэ зэбгъэгъуэтам зехъуэж. Мыпхуэдэ Iэмал щыIэщ, псалъэм и хьэтыркIэ: операцэ уамыщIу, пэр нэхъ цIыкIу пщIы хъууэ, «гиполитикхэр» къагъэщхьэпэу. Апхуэдэ IэмалкIэ зыгуэрым и пэр хуахъуэжати, ирахьэлIапхъэр дахэ-дахэу къабжатэкъым. Пэр цIыкIу ящIауэ аратэкъым, ар къызыхэщIыкIа хъыщтыр (хрящ) нэхъ мащIэ ящIат. Сытми, пэм и ныкъуэр имыIэжу аращ цIыхум абы иужькIэ. Хъыджэбзым и пэм и ныкъуэр гуахри, лъагъугъуей хъуауэ щытащ. Куэд дыдэм къащощI апхуэдэу: нэхъ дахэ хъуну щыгугъыу, ауэ щыхъукIэ, фаджэлыджэ дыдэ хъууэ. Нэсыпауэ сабий зыфIэкIуэдыжа щыIэщ, адрей узхэм я гугъу умыщI.
ПщIэ зиIэ, хуеджа, хэзыщIыкI косметологым бгъэдыхьэу щытми, ари шэсыпIэ иувэфынукъым зыри къыпщымыщIынкIэ. Иджыпсту «мыпхуэдэ косметологым дригъэхъулIащ» жызыIэхэри инстаграмым къралъхьэхэри къащэху. Езыхэм ящIа операцэм и сурэт къыщралъхьэкIэ, ар нэгъунэ фотошопкIэ, сурэтыр зэрахъуэж компьютер IэмалкIэ зэрагъэзахуэ. Рекламэ яхуэзыщI блогерхэри къащэху. ЦIыху цIэрыIуэхэр ирагъэхъулIауэ, езыхэм я деж зыщагъэдэха хуэдэу къагъэлъагъуэ. А псори пцIыщ. Абыхэм зыкъебгъэгъапцIэ хъунукъым».
Мы хъыджэбзым дызыхуигъэсакъхэр зи тхьэкIумэм ихьэм и насыпу аращ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист

15.05.2024 - 09:31

Аращ зыщIэзэуар ди нэхъыжьхэр

Бахъсэн щIыналъэм хиу­быдэ къуажэхэм фэеплъ пэ­кIухэр, зэIущIэхэр, зэ­хуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

15.05.2024 - 09:29

Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

15.05.2024 - 09:27

Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху

15.05.2024 - 09:25

Къаруушхуэ зыхэлъ уэрэдхэр

Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ­-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залы­мыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу.