Гумрэ псэмрэ къалъыхъуэр

ТхыгъэщIэ

Адыгейм къыщыдэкIа «Пациент №132, или Живи здесь и сейчас» повестыр зытхахэу философие щIэныгъэхэмкIэ доктор Щауэ Асфаррэ юридическэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Щауэ Ибрэхьимрэ тхылъеджэхэмрэ литературоведхэмрэ щаIущIащ Налшык къалэм и библиотекэ №1-м. Ар къызэригъэпэщащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым щылажьэ «Часть речи» литературэ студием и унафэщI Битокъу Маринэ. 

Зэхыхьэ гуапэм ирагъэблэгъащ тхакIуэ Балъкъэр Алим, егъэджакIуэхэр, литераторхэр, повестыр зигу дыхьахэр.
Тхыгъэм и лIыхъужь нэхъыщхьэ Адам и гур зэрахъуэкIа нэужь, и узыншагъэр зэтеувэжыху абы медицинэмрэ динымрэ ехьэлIа упщIэ куэд зыхуегъэувыж - «Донор гум си гъащIэм, гупсысэм, хьэл-щэнхэм зригъэхъуэжа?», «Сыхэт сэ?», «Нэхъапэм а гур зеяр хэт?», «ДинымкIэ уеплъмэ, гур зэпхъуэкIыныр къезэгърэ?», нэгъуэщIхэри. ГъащIэм и мыхьэнэм теухуа упщIэхэм я жэуапым лъыхъуэ лIыхъужьым къигъэщIар кхъузанэм щIегъэкIыжри, и гупсысэхэми и псэукIэми зрегъэхъуэж. Психологым, философым, дохутырым, молэм я деж къыщилъыхъуэ упщIэ куэдым я жэуапхэр езы Адам къегъуэтыж. Абы быдэу и фIэщ мэхъу цIыхум и гъуэгур, и псэукIэр зыхуэдэнур езым къызэрыхихыжыр: тхьэмыщкIэу е къулейуэ щытынуми, насыпыфIэ е насыпыншэ хъунуми, ехъулIэныгъэ иIэнуми, дэхуэхынуми езы цIыхурщ зэлъытэжар. ХъуэпсапIэ зыхуэбгъэувыжу, ар зэрызэбгъэхъулIэнум ухущIэкъун хуейщ, щхьэусыгъуэ къыумылъыхъуэу. ЛIыхъужьым тхылъеджэхэр къыхуреджэ, ажалыр гъунэгъуми, я хъуэпсапIэм сыт щыгъуи хуэкIуэну. Повестыр щыхьэт тохъуэ зэрымыщIэкIэ цIыхум гъащIэр къыIэщIэухэнкIэ зэрыхъунум, икIи абы урегъэгупсыс, пщэдей упэмыплъэу, умыгъэIэпхъуэу нобэ, иджыпсту уигу иплъхьахэр зэрызэфIэбгъэкIынум и ужь уитын зэрыхуейм. А гупсысэр щIрагъэбыдэу тхыгъэм къыхощ илъэс бжыгъэкIэ анэм и деж мыкIуэжа, и узыншагъэр зэрызэтеувэжу лъагъунлъагъу адэжь лъапсэм кIуэжыну анэр къэзыгъэгугъа лIыхъужьыр сымаджэщым щIэлъыху, и анэр дунейм зэрехыжыр. Е сымаджэщым къыдыщIэлъым ирипэса псалъэ жагъуэхэр къыхуигъэгъуну нэху къызэрекIыу елъэIуну игу ирилъхьауэ, жэщым ар дунейм зэрехыжыр. Аращ тхакIуэхэм тхылъеджэхэр мыгупсысэу, гугъэ нэпцIым зыдрагъэхьэхыу зэман ямыгъакIуэу, занщIэу Iуэху ялэжьыну къыщIыхураджэр. Узыгъэгупсысэщ тхыгъэр къызэрыщIидзэ мы псалъэхэр: блэкIари къэкIуэнури щхьэгъэпцIэжщ, щыIэр иджыпстущ, нобэщ.
Зэхыхьэм хэтахэр тепсэлъыхьащ тхыгъэм зригъэгупсысахэм, гу зылъатахэм, гъащIэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр абы къызэрыщыIэтам. Псом хуэмыдэу повестым еджэхэр иригъэгупсысащ я гъащIэм зыщрихьэлIэ Iуэхугъуэ куэд абы къызэрыщыгъэлъэгъуэжам, я щыуагъэхэм гу зэралъригъэтэжари къыхагъэщащ. Нэхъыщхьэращи, тхыгъэм Iуданэ плъыжьу щыпхышащ гъащIэм и лъапIэныгъэр езы гъащIэр, узыншагъэр, пщэдей умыгъэIэпхъуэу нобэ уи къалэныр бгъэзэщIэныр, ипэкIэ уплъэныр арауэ зэрыщытыр.
ЗэIущIэм хэтахэм я упщIэхэм жэуап иратащ тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэм. Пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ тхыгъэр къазэрыщыхъуам теухуа я гупсысэ къэзыIуэтахэмрэ фIыщIэ хуащIащ Щауэхэ Асфаррэ Ибрэхьимрэ. КъыжыIапхъэщ, «Пациент №132, или Живи здесь и сейчас» повестым Налшык и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм и литературэ салонхэм, библиотекэхэм зэрыщытепсэлъыхьар. Зэхыхьэр къызэзыгъэпэща Битокъу Маринэ жиIащ дяпэкIи тхакIуэхэмрэ тхылъеджэхэмрэ я пшыхьхэм зэрыпащэнур. 
 

 

Тхыгъэри сурэтхэри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист

15.05.2024 - 09:31

Аращ зыщIэзэуар ди нэхъыжьхэр

Бахъсэн щIыналъэм хиу­быдэ къуажэхэм фэеплъ пэ­кIухэр, зэIущIэхэр, зэ­хуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

15.05.2024 - 09:29

Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

15.05.2024 - 09:27

Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху

15.05.2024 - 09:25

Къаруушхуэ зыхэлъ уэрэдхэр

Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ­-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залы­мыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу.