ЦIыхубзыр къригъэлащ

АДЫГЕЙ. Урысей ФССП-м и управленэу Адыгей Республикэм щыIэм судхэр щекIуэкIкIэ хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ и суд пристав ЛIыхэс Мурат хы ФIыцIэм къыщригъэлащ, и унагъуэм щIыгъуу зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуа цIыхубзыр.

Абы и лIыгъэм зыри щымыгъуазэу къэнэнут, арщхьэкIэ къригъэлам и Iыхьлыхэм фIыщIэ письмо хуагъэхьащ ар зыщылажьэ IуэхущIапIэм и унафэщIхэм.
Пщэдджыжьым жьыуэ и унагъуэр щIыгъуу Мурат Анапэ и хы IуфIэм Iутт. Абы зэхихащ дэIэпыкъуэгъу хуейуэ къэлъаIуэ цIыхубзым и макъыр. ЗыпIэжьэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Псым зыхидзэри, цIыхубзыр къригъэлащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, зыщигъэпскIым цIыхубзым и Iэпкъылъэпкъым хуэш къыхыхьат.
«Си пIэ итамэ, дэтхэнэми арат ищIэнур, абы къыхэкIыу лIыгъэ зесхьауэ къэслъытэркъым: си къалэн згъэзэщIауэ аркъудейщ», - жиIащ иужькIэ ЛIыхэс Мурат.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист

15.05.2024 - 09:31

Аращ зыщIэзэуар ди нэхъыжьхэр

Бахъсэн щIыналъэм хиу­быдэ къуажэхэм фэеплъ пэ­кIухэр, зэIущIэхэр, зэ­хуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

15.05.2024 - 09:29

Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

15.05.2024 - 09:27

Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху

15.05.2024 - 09:25

Къаруушхуэ зыхэлъ уэрэдхэр

Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ­-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залы­мыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу.