ЛIы и унафэ фызым икъутэркъым

Хьэблэр пщым елъэIуащ, хуэдыгъафIэу, азэныр джэмэ зэрыжэмыхьэту зэхахын хуэдэу, мэжджыт щIыпIэ къы­хахар къаритыну.

 

Тхьэм щхьэкIэ, пщым къигъэгугъащ щIэлъэIуар къа­хуищIэну. АрщхьэкIэ, Iуэхур зытетыр гуащэм къыщищIэм:

- ЕIым-еIщ, абыхэм къыхаха щIыналъэм нэхърэ нэхъ дыгъапIи чэт зытебгъэувэн егъэзыпIэ зэгъуэкIи къуажэм и кIыхьагъкIэ щыбгъуэтынукъым. ИкIэщIыпIэкIэ чэт тещIыхь!

- Iэу, зиунагъуэрэ! Зэрыжэмыхьэту къэзгъэгугъащ. Уэ­лэхьэ, мэкъумэшыщIэщ жыпIэ щхьэкIэ, жэгъуэгъу къыт­хуэхъумэ фIы щIыдамыгъэхын!

- Уэ улI си гугъа щхьэкIэ, укъэрабгъэщ! Къуэн хьэблэп­- щыр си дэлъхумэ, уэ у-Абзуан хьэблэпщмэ, жэмыхьэтитIри зы ­къуажэ дыдэсмэ, сыт уэ мэкъумэшыщIэхэм щхьэкIэ ­ущIэгузавэр?..

Ар и къутэжыкIэу, абзуаныпщым и унафэр гуащэм икъутэжащ.

ЕтIуанэ махуэм щIадзэри, мэжджыт зытращIыхьыну зыхуэгъэпса щIыпIэм чэт кIыхьышхуэ щаухуащ.

Iуэхум апхуэдэу зыкъыщридзэкIым, мэкъумэшыщIэ ­муслъымэнхэм я жагъуэ хъуащ. Зэхуэсри, мыр къаухэсащ: щIыхь зиIэ лIы и унафэ и фыз икъутэркъым. Дипщ и унафэр и гуащэм щикъутэфакIэ, дымэкъумэшыщIэми, ди щхьэ тетлъхьэркъым апхуэдэпщ дедаIуэу дыпсэуну. Къуэнхьэблэпщым дыгуохьэ.

Бэ зэщIэплъар абыкIи зэтеувыIакъым. ЧитI хатIэщ, я щхьэкIэхэр къагъэшщ, зэрадзэжри, чы гъэшам щIэкIахэщ, жыхуаIа щыгум мэжджытым и пIэкIэ трагъэува чэтыр ­ямыгъэсауэ къамыгъэзэну Тхьэ яIуэурэ.

Чэтыр ягъэсащ. Ауэ, мэлищэ щIакъуэншэ хъуркъым. Пщым щышынэу къэлэнджаи къахэкIащ…

Мы хъыбарыр къысхуэзыIуэтэжа тхьэмадэ Iумахуэм, гурыхуэм зэхэщыпыкIауэ ищIэжырт зи псалъэ епцIыжахэм я унэцIэхэри зыщыщ лIакъуэхэм ныбжьрей хъуэну къы­хуахьар зыхуэдэри.

Абыхэм къатехъукIыжахэр мы зэманым щIалэжьыфIхэу къуажэм дэсхэщи, я унэцIэхэр къисIуэнукъым. АрщхьэкIэ, нэхъапэхэм зи гугъу сщIа Iуэхум хуэгъэзауэ зи псалъэ еп­цIыжахэм, Тхьэр зыгъэпцIахэм я лIакъуэцIэхэр къраIуэурэ, хэти пцIыупскIэ, хэти тхьэгъэпцIкIэ, хэти къэвакIуэкIэ, хэти хэвыхькIэ еджэу щытащ.

Апхуэдэ емыкIущ Хьэжбий Мухьэмэд, илъэси 103-рэ и ­ныбжьу, зэгуэр Адыгэ Хасэм щIыщыжиIэгъар: «ЯпэщIыкIэ фыгупсыси, итIанэ фыбакъуэ!»

ЛIым и унафэ и фыз икъутэмэ, лIыфэ ираплъыжкъым.

 

БАБЫГУ Сосрыкъуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.05.2024 - 10:52

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТРАУХУЭ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ.

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.