ГъэпцIакIуэхэм запэщIэвмыгъахуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ интернет гъэпцIагъэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуным щытепсэлъыхьа брифинг. Абы хэтащ министерствэм дэлажьэ Жылагъуэ советым жэуап зыхь и секретарь ШкIэжь Ирэнэ.

МВД-м и Следственнэ управленэм и къудамэм и унафэщI юстицэм и подполковник Ксанаев Алий къыщыпсалъэм жиIащ илъэсыр къызэрихьэрэ республикэм интернет гъэпцIэныгъэм пыщIа щIэпхъаджагъэу 579-рэ зэрыщалэжьар. Абы жи-Iащ телефон гъэпцIакIуэхэм япэщIэхуэр пенсионерхэм зэрамызакъуэр, атIэ курыт ныбжь зиIэхэри зэрахэтыр. А щIэпхъаджагъэхэр щIахуэлэжьым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу къонэж цIыхухэм электрон IэмэпсымэхэмкIэ ахъшэр тыным зэрыхамыщIыкIыр, зэрымысакъыр, ямыцIыхухэм телефонкIэ щепсалъэкIэ дзыхь зэрыхуащIыр.
КъБР-м щыIэ МВД-м Уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и управленэм и оперуполномоченнэ полицэм и майор Исаев Бижэ зэпкърыхауэ тепсэлъхьащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм зэфIаххэм а щIэпхъаджагъэхэм хуэдэхэр емыгъэлэжьыным икIи къыщIэгъэщыным ехьэлIауэ.
ГъэпцIакIуэхэр къопсалъэри, банкым е хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэу жаIэ. ЦIыхухэм хъыбар ирагъащIэ абыхэм я Iыхьлым транспорт зэжьэхэуэ къигъэхъуауэ икIи ар зэгъэтIылъэкI имыIэу ахъшэ хуей хуэ-дэу. Абыхэм я мурадыр банк картэхэм, счётхэм, паролхэм, СМС-кодхэм я реквизитхэу, зыгуэрым и кабинетым уихьэн папщIэ Iэмал имыIэу узыхуейхэр зыIэрыгъэхьэнырщ, жиIащ Исаевым.
Полицэм и лэжьакIуэм къыхигъэщащ гъэпцIакIуэхэм социальнэ лэжьакIуэхэм ящыщу жиIэнкIэ зэрыхъунур, цIыхум къищэхуа хущхъуэхэкIхэм тригъэкIуэдар къратыжын папщIэ и реквизитхэм зэрыхуейр. Абы щыгъуэми къолъэIу я картэхэм тет бжыгъэхэр жраIэну, ахъшэр къыхуагъэкIуэжын папщIэ.
Интернет IэмалкIэ щэхуакIуэхэм къыхуагъэлъагъуэ щымыIэ хьэпшыпым и уасэм щыщ Iыхьэ ипэкIэ иратыну, абы щыгъуэми къыIэрагъэхьэ къащэхуар транспорт компанием ират хуэдэу накладной нэпцIхэр. Ауэ щыхъукIэ, ахъшэр зэрыхуаутIыпщу, сатуущI нэпцIхэм загъэкIуэдыж.
КъаIэта Iуэхум теухуа и Iуэху еплъыкIэр жиIащ Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и оперуполномоченнэ полицэм и лейтенант Ансокъуэ Азэмэт. Абы цIыхухэм чэнджэщ ярет ямыцIыхухэу я Iыхьлыр бэлыхьым зэрыхэхуамкIэ хъыбар къезыгъэщIам ахъшэ хуаутIыпщыным емыпIэщIэкIыну, зыгуэр къызыщыщIауэ жыхуаIэ и благъэм деж япэщIыкIэ псэлъэну.
ЦIыхухэм ахъшэр хуаутIыпщри, итIанэщ я Iыхьлыхэм зыщыпащIэр икIи къащыгурыIуэр ахэр къызэрагъэпцIар,къыхигъэщащ Ансокъуэм.
Дохутыр-психолог Уэркъ-уасэ Элинэ тепсэлъыхьащ гъэпцIакIуэхэм я хьилагъэхэм, къапщтэмэ, бзаджащIэхэм къагъэсэбэп зызыпищIам и псэлъэкIэм зытригъэхуэныр, ар щIищIэр дзыхь зыхуригъэщIын папщIэщ.
Элинэ зэрыжиIащи, къохъу щIэпхъаджащIэхэм цIыхур шагъэшынэ икIи ищIэн хуейуэ къыпиубыдымкIэ абы и гупсысэр IэщIеуд, хегъэзэрыхь. Чэнджэщ нэхъыфIыр умыцIыхум, зыгуэр уэзыгъэщIэну уи яужь къихьам телефонкIэ уемыпсэлъэнырщ.
Брифингым хэтахэм журналистхэм я упщIэхэм жэуап зэпкърыха иратащ.

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист

15.05.2024 - 09:31

Аращ зыщIэзэуар ди нэхъыжьхэр

Бахъсэн щIыналъэм хиу­быдэ къуажэхэм фэеплъ пэ­кIухэр, зэIущIэхэр, зэ­хуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

15.05.2024 - 09:29

Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

15.05.2024 - 09:27

Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху

15.05.2024 - 09:25

Къаруушхуэ зыхэлъ уэрэдхэр

Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ­-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залы­мыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу.