Туарегхэр – хэхэс лъэпкъ

Дунейм тетщ лъэпкъ зэхуэмыдэ куэд. ЩыIэщ къыщигъэщIа щIыналъэм щыпсэужу нобэм къэсахэри, щыIэщ нэгъуэщI лъэпкъхэм яхэпхъа хъуаи, хэкур зрагъэбгынахэри. Абыхэм ящыщщ зауэлI лъэпкъ хахуэ туарегхэри. 
ИмошагкIэ зэджэж бербер лъэпкъыр щопсэу Мали, Нигер, Буркина-Фасо, Алжир, Ливие африкэ къэралыгъуэхэм. Ахэр зауэлIу щытащ, я щIыналъэм къыхуеIэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтын хуей хъурти. 
Езыхэм къызэраIуэтэжымкIэ, туарегхэр Тин-Хинан тхьэ-анэу Сахарэм и япэ гуащэм къытехъукIыжащ. Ар нэрыбгейуэ щытащ, Мароккэ къикIри, ипщэ щIыналъэхэмкIэ Iэпхъуат, и кIэзехьэм фIэкI щIымыгъуу. 1925 гъэм Абалессэ пасэрей быдапIэу Алжирым и щIыналъэм итым къыщагъуэтыжат дыщэрэ дыжьынкIэ гъэщIэрэщIа кхъэлэгъунэм щIэлъ бзылъхугъэ гуэрым и хьэдэ къупщхьэр. Туарегхэм зэрыжаIэмкIэ, ар Тин-Хинанщ…
Лъэпкъ телъыджэм япэ дыдэу тетхыхьахэм ящыщщ Ибн Хаукаля, Аль-Бакри, Ибн Баттутэ, Ибн Хальдун сымэ. Мы тхыдэтх цIэрыIуэхэм Африкэр щIащыкIауэ щытащ абы щыпсэу лъэпкъхэм муслъымэн диныр халъхьэнымкIэ зауэшхуэхэр ирагъэкIуэкIыу. Абы щыгъуэ (11-нэ лIэщIыгъуэм) хьэрып зэрыпхъуакIуэхэм туарегхэр щыпсэу ищхъэрэ щIыналъэр зэтракъутэри, лъэпкъыр къухьэпIэмкIэ ирахуэкIауэ щытащ. Мис абы щыгъуэщ туарегхэм я щэнхабзэмрэ фIэщхъуныгъэмрэ щыIэщIаудар. 
Арами, лъэ быдэкIэ щIым тету къыщIэкIа лъэпкъ ерыщым къэралыгъуэ щхьэхуэ къызэрагъэпэщыжат, сондэджэрхэр зэрызекIуэ гъуэгуанэр я нэIэ щIэтт. ИужькIэ, ахэр хэпща хъуащ зауэшхуэ – Европэм Африкэ къэралыгъуэхэр щызэрипхъуэм. Абы щыгъуэ туарегхэр Франджым иубыда щIыналъэм тести, леишхуэ ятехьащ, куэди я фэм дэкIащ. Абыхэм къащхьэщыува политикэ залымымкIэ мыарэзыуэ лъышхуэ ягъэжащ. Арами, 1923 гъэм ахэр яхьэхуащ икIи, лъэпкъ зэгурымыIуэныгъэхэр къагъэсэбэпурэ, зэкъуачри, франджыхэм унафэр яубыдащ. 
Я къару къызэрагъэпэщыжщ, зэрыубыдыжри, туарегхэм зыкъаIэтащ 1970-1980 гъэхэм. А лъэхъэнэм абыхэм фIыуэ ягъэгузэват Нигер, Алжир, Мали къэралыгъуэхэр. Туарегхэр щIэхъуэпсырт къэралыгъуэ щхьэхуэ къызэрагъэпэщыну, Африкэм ипхъа лъэпкъыр зы хъужу щхьэхуитыныгъэр ягъуэтыжыну. А хъуэпсапIэр я гъуазэ нэхъыщхьэу нобэм къэсащ ахэр. 
Туарегхэм я бзи, я тхыбзи, я хабзи яIэжщ. Абыхэм я бзэр берберыбзэхэм щыщу жаIэми, къащхьэщокI, я тхыбзэри пасэрей ливие тхыбзэм нэхъ тохьэ. КъищынэмыщIауэ, муслъымэн диныр къащтами, лъэпкъым къыдекIуэкIа хабзэхэр IэщIыб ящIакъым. Псалъэм папщIэ, щхьэгъусиплI уиIэну диным хуит укъищIми, зэ закъуэ фIэкI къашэркъым. 
ПщIэшхуэ яIэщ туарег бзылъхугъэхэм. Абыхэм IэщIагъэ-щIэныгъэ зэрыратыным пылъщ я унагъуэхэр, цIыхухъухэр емыджэми емыкIукъым, къызэралъытэмкIэ. Абыхэм Iэщышхуэ ягъэхъу, щIым толэжьыхь, дыщэкI Iэзэу цIэрыIуэхэщ. Туарегхэм ящIа тхьэгъухэм, Iэпщэхъухэм, Iэлъынхэм уасэшхуэрэ щIэупщIэрэ щаIэщ дуней псом. 
Лъэпкъ щэнхабзэм и дауэдапщэ нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэхэм ящыщщ щIалэр илъэс 18 щрикъум деж иращIэкI джэгур. А махуэм ирихьэлIэу щIалэм метр 40-м щIигъу щэкI хужь е щIыху ират. Абдеж щыщIэдзауэ щIалэм и нэгур щIэхъумауэ фIэкI цIыхум яхыхьэркъым, ар щыIуихыр щышхэм дежщ. Пасэрей зэманым туарегым нэгуIупхъуэ Iумылъу къэзылъэгъуар иукIын хуейт. Ар зыгуэркIэ къемыхъулIамэ, езым зиукIыжырт. ГъэщIэгъуэнракъэ, бзылъхугъэхэм я нэгур щIахъумэркъым… 
ГъэщIэгъуэнщ туарегхэм я зэхэтыкIэри. Щхьэж и къалэнхэри пыухыкIауэ абыхэм яIэщ: тхьэмадэхэр, фIэщхъуныгъэм и лэжьакIуэхэр, Iэщыхъуэхэр, унэIутхэр, гъукIэхэр. Шынагъуэшхуэ къащылъихьэрэ кIуэдыжыгъуэ щихуэм деж зэрыубыдми, езыхэр зозэуэж, зыр адрейм тоуэри и Iэщыр ирехужьэ, цIыхухэр ядыгъури щхьэхуимыт ящI. Уэркъхэм Iуэху ящIэну, лэжьапIэ Iутыну емыкIуу къалъытэ, бзылъхугъэхэр фэм йолэжь.

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист

15.05.2024 - 09:31

Аращ зыщIэзэуар ди нэхъыжьхэр

Бахъсэн щIыналъэм хиу­быдэ къуажэхэм фэеплъ пэ­кIухэр, зэIущIэхэр, зэ­хуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

15.05.2024 - 09:29

Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

15.05.2024 - 09:27

Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху

15.05.2024 - 09:25

Къаруушхуэ зыхэлъ уэрэдхэр

Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ­-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залы­мыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу.