IэнатIэр егъэфIэкIуэным и хэкIыпIэхэр

Къэралым Япэ медико-санитар дэIэпыкъуныгъэм зыщегъэужьыным и IуэхукIэ урысейпсо зэхыхьэ Башкортостан республикэм и къалащхьэ Уфа мы махуэхэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Михаил, щIыналъэ министерствэхэм я унафэщIхэр, медицинэ IуэхущIапIэшхуэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр, IэщIагъэлI пажэхэр.
Зэхыхьэр хуэунэтIауэ щытащ IэнатIэр ефIэкIуэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр убзыхуным, абы ипкъ иткIи щIыналъэхэр лэжьыгъэ и пIалъэкIэ зэхъуэжыным, бжыгъэр зи лъабжьэ технологиехэр IэнатIэм жыджэру къыщыгъэсэбэпыным, цIыхухэм хуащIэ япэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъым хэгъэхъуэным.
- Башкортостаным ехъулIэныгъэшхуэхэр яIэу щагъэзэщIащ щIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр егъэфIэкIуэнымкIэ проект куэд. Аращ нобэрей зэхыхьэр абы щедгъэкIуэкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар, - жиIащ Мурашкэ Михаил. – ЦIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэ IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, лышх, гу-лъынтхуэ узыфэхэр зыпкърыт сымаджэхэм зэреIэзэр егъэфIэкIуэным, узыр и чэзум къэхутэнымкIэ, бэм я узыншагъэр къэпщытэнымкIэ программэхэр зэрылажьэр нэрылъагъущ. Абыхэм къищынэмыщIауэ, фIы дыдэу къагъэIэрыхуащ бжыгъэр зи лъабжьэ технологиехэр, абы къарит Iэмалхэм я фIыгъэкIэ сымаджэхэмрэ дохутырхэмрэ я зэпыщIэныгъэр куэдкIэ нэхъ тынш хъуащ. Медицинэм къыхыхьэ IэмалыщIэхэр жыджэру IэнатIэм къызэрыщыдгъэсэбэпыным дыхущIэкъупхъэщ. Ар мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, жылагъуэ узыншэ диIэнымкIэ медицинэм игъуэт зыужьыныгъэм куэд елъытащ. Сэ сыщыгъуазэщ ди къэралым и щIыналъэ куэдым узыншагъэр хъумэн IэнатIэр егъэфIэкIуэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ къазэрыпэщылъым. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэ зытрахын мымащIэу щалъагъунущ Башкортостан Республикэм. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат и IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымкIэ программэхэр зыгъэзащIэ щIыналъэхэм абы и лъэныкъуэкIэ мы щIыпIэм фIы дыдэу зыщыхагъэгъуэзэфынущ лэжьыгъэ и пIалъэ. Дэ псоми ди къалэн нэхъыщхьэщ зэманым дыкъыкIэрымыхуу къэралым и медицинэ IэнатIэр едгъэфIэкIуэныр.
Зэхыхьэм щытепсэлъыхьащ IэнатIэм зыщрихьэлIэ гугъуехьхэм, ахэр зэфIэхынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм, къапэщылъ къалэнхэмрэ проектыщIэхэмрэ. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIу къыхагъэщащ анэмрэ сабиймрэ я узыншагъэр хъумэным жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу зэрыбгъэдыхьапхъэр.
Ди республикэм и лIыкIуэу зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, «Росздравнадзор»-м и къудамэу ди хэгъэгум щыIэм и унафэщI Ахъмэт Алим сымэ.
 
ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.05.2024 - 10:52

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТРАУХУЭ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ.

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.