НЭМ И ПЛЪЫФЭР

Нэм и плъыфэм епха япэ къэхутэныгъэхэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм екIуэкIащ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIи, цIыхум и нэм и плъыфэ хъунур елъытащ и лъэпкъымрэ и адэ-анэм я нэхэм я плъыфэмрэ. Нобэ щIэныгъэлIхэр арэзы зэдохъу пасэрей цIыху дыкъызытехъукIахэм псоми я нэхэр гъуабжэу зэрыщытамкIэ. Адрей плъыфэхэр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхэшэпсыхьурэ къэунэхуауэ жаIэ. 
ЦIыхум и нэкугъуэр тIууэ зэтелъщ: мезодермальнэ, эктодермальнэ жыхуаIэхэу. Нэм и плъыфэр нэхъыбэу зэлъытыжар нэкугъуэм мелонин зыхэлъ хромотофорыр зэрыхэгуэша щIыкIэмрэ абы и куэдагъымрэщ. Эктодермальнэ Iыхьэр сытым дежи фIыцIафэу къокIуэ (альбиносхэм я нэм къыщынэмыщIа). Мелониныр нэхъыбэху нэм и плъыфэри нэхъ фIыцIафэщ. Альбиносхэм я нэхэр нэхъыбэм тхьэмбылыфэщ, меланин хэтыххэкъыми. Абыхэм я нэкугъуэм лъынтхухэр къызыпхощ. Нэм и плъыфэр елъытауэ щытыфынущ абы и лъынтхуэхэм я зэпэщылъыкIэми, тхъахуэхэм (волокно) я Iувагъми.
ЦIыхур къызытехъукIахэм елъытащ абы и нэм меланину хэлъыр зыхуэдизыр. Адэ-анэм зым и нэр гъуабжэрэ адрейм ейр щIыхумэ, я быным и нэхэр а плъыфитIым я зыхэзым хуэдэу къалъхунущ, ауэ нэ удзыфэ апхуэдэхэм къащыхэхъуэр зэзэмызэ дыдэщ.
Нэхъыбэрэ нэкугъуэм плъыфэу иIэ хабзэщ гъуабжэ, щхъуэ е щIыху, удзыфэ. Ауэ, плъыфэхэр иджыри лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI. 
Дунейм цIыхуу тетым я процент 79-м я нэр гъуабжэщ. Ахэр дэнэ щIыналъи щыIэщ. Нэ щIыху нэхъыбэу яIэщ сырыхухэм. Нэр щIыху мэхъу нэкугъуэм и тхъуахуэхэр пIащIэрэ меланинри мащIэу хэлъмэ. Щхъуэ плъыфэр цIыхухэм я нэм иIэ щыхъуар, хуэгъэфэщауэ, илъэс I0 000 ипэщ. Абы щыгъуэ ген HERC2-м меланиныр зыгъэмэщIа мутацэ къыщыхъуащ. Апхуэдэу къэунэхуащ щхъуэ (голубой), яжьафэ (серый) нэ плъыфэхэр. Апхуэдэ нэ плъыфэхэр нэхъыбэу яIэщ КъуэкIыпIэ, Ищхъэрэ Европэм, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэухэм. Финляндиер зи нэ щхъуэхэм я щIыпIэу убж хъунущ – абы щыпсэухэм я процент 89-м я нэм и плъыфэр аращ. Нэ удзыфэхэр мащIэщ. Ахэм нэхъ ущрихьэлIэнущ Ищхъэрэ, Курыт Европэм. Нэ удзыфэ зэраIэмкIэ зызыгъэщIагъуэфынур дунейм цIыхуу тетым я процентитI къудейрщ. Гъуэжьыфэ-гъуабжафэ нэ плъыфэр цIыхум и нэм иIэнущ абы липохром жыхуэтIэр куэду хэлъмэ. Абы ущрихьэлIэр Азиемрэ Ипщэ Америкэмрэщ. Нэ фIыцIэм меланин нэхъыбэ дыдэ хэтщ. Абы щыгъуэм деж нэхужьыбэр адрейхэм ейм нэхърэ нэхъ гъуэжьыфэщ. Нэ фIыцIэхэм нэхъ ущрихьэлIэнущ Азием. Ахэр мащIэ дыдэщ. ЦIыхум и нитIым плъыфэ зэмыщхь яIэмэ, абы гетерохромиекIэ йоджэ. Апхуэдэ нэ плъыфэхэр зиIэфынур щIы хъурейм цIыхуу щыпсэум я зы процент закъуэрщ. Нэхъыбэрэ гетерохромиер къокIуэ гъуабжэрэ щхъуэуэ е яжьафэрэ удзыфэу.
Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.