«КАВКАЗ ИНЫМ» ЗИУЖЬЫНУЩ

Урысейм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ «Байкал», «Кавказ Ин» («Большой Кавказ») турист зекIуапIэхэр ягъэбелджылын щIадзащ. Мы щIыпIэхэм елэжьынущ «ПроГород» ООО-р. 2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу а проектхэм УФ-м и Правительствэм щыхэплъэнущ.

Псори зэхэту 2022 - 2024 гъэхэм «Туризмэмрэ гъэхьэщIэкIэмрэ» лъэпкъ проектымрэ «Туризмэм зегъэужьын» къэрал программэмрэ елэжьынущ щIыпIэ пыухыкIахэм я федеральнэ туризм зекIуапIэу 12-м. Абыхэм ящыщу щыр ягъэбелджылакIэщ: «Урысейм и Ипщэ КъухьэпIэ» «Дыщэ хъурей Ин» (Урысейм и къалэ пщIы бжыгъэ къызэщIэзыубыдэ зекIуапIэхэр), «КъуэкIыпIэ Жыжьэ»  зи фIэщыгъэхэр.

«Байкал» схемэм хиубыдащ Бурятиемрэ Иркутск областымрэ. «Кавказ Иным» - Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Къэрэшей-Шэрджэсыр, Шэшэныр, Дагъыстэныр, Ингушыр, Осетие Ищхъэрэ - Аланиер, Ставрополь. «Байкал» проектым елэжьынущ «Commonwealth Partnership» компаниер, «Кавказ Иным» - «Новая Земля» IуэхущIапIэр.

- Зэрыхабзэу, Байкалымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ зыгъэпсэхуакIуэ куэд щохьэщIэ. А щIыналъэхэм IэмалыфIхэр щыIэщ туризмэм зыщебгъэужьынымкIэ. Долъагъу, иджыпсту яIэхэм къищынэмыщIауэ,  туризмэм и нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэри къыщызэбгъэпэщыну IэмалыфIхэр зэрыщыIэр. Псалъэм папщIэ, Байкалым щэнхабзэ туризмэм зыщебгъэужь хъунущ, Кавказым - Iуэху зехьэкIэ туризмэм. Турист схемэхэм я къалэнхэм ящыщщ Iэмалу щыIэхэр къызэрагъэсэбэпым кIэлъыплъынымрэ экономикэм абы зэрызригъэхъуэжыр къэпщытэнымрэ, - жиIащ «ПроГород» IуэхущIапIэм проектхэм щелэжь и къудамэм и унафэщI Титовэ Ксение.

- Турист схемэр щIыналъэхэм зезыгъэужь зы Iуэхугъуэщ. Дэ зэхэдгъэувэнущ туризмэм зебгъэужьыну нэхъ зыхуэфащэ, Iэмал нэхъыбэ здэщыIэ щIыпIэхэр къыщыгъэлъэгъуа дэфтэр. Абы тету зыгъэпсэхупIэхэр къызэгъэпэща хъунущ, - къыхигъэщащ республикэм Iуэхугъуэр гъэзэщIа зэрыщыхъунум теухуауэ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат.

Министрым къыхигъэщащ мы гъэм республикэм «Кавказым и лъагъуэшхуэ» турист зекIуапIэми и Iуэху зэрызэрихуэнур. Абы елэжьынущ «Кавказ.РФ.» институтыр. Республикэм иIэщ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр бгы щIыналъэщ» проектри.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.