МАКЪ ЕЩАНЭР ДЭНЭ ТХЬЫН?

Пщыхьэ, Шахэ, Щхьэгуащэ, Кхъужьыпс я псыхъуащхьэхэр зэпызыгъэщхьэхукI къурш гуэрэным щхьэщылъэгыкI бгыхэм я нэхъ уардэщ Фыщт Iуащхьэжьыр, метр 2888-кIэ хы Iуфэм щхьэщыIэтыкIар. ГузэпыщIэкIэ къыпыщIа Уэщтенэ (Оштен) бгыр метр 84-кIэ нэхъ лъахъшэщ.

Этимологием (псалъэпкъхэм я лъабжьэхэм лъыхъуэ щIэныгъэм) зыдезыгъэхьэххэм куэду яхэтщ зэман блэкIахэм къахэтэджыкIа щIыпIэцIэхэр, гурыIуэгъуэ тщащI я гугъэжу, иджырей бзэхэм я IукIэм хуэзыгъэкIуэну хущIэкъухэр.  Апхуэдэхэм кърадзэркъым бзэм и пкъыгъуэу фIэщыгъэм ехьэлIахэр блэкIа лIэщIыгъуэхэм я «кIыщым» зэрыщыщIиIущIыкIар. КъащIыфIэмыIуэхури гурыIуэгъуэщ, бзэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр зэрызэхагъэкIыфын щIэныгъэ я нэхъыбэм зэрабгъэдэмылъыр къэтлъытэмэ.

ЖытIам и щапхъэщ зи гугъу тщIы Фыщт Iуащхьэжьу КъухьэпIэ Кавказым и бгы нэхъ удэзыхьэххэм хабжэм зэреджэр зэхэщIыкIыгъуэу жызыIэхэм Интернетым дазэрыщрихьэлIэр.

АрщхьэкIэ, щыIэщ (ди гуапэ зэрыхъущи) апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр зыфIэмыкъабылу, Iуэхум и пэжыпIэм хуэмылажьэу къэзылъытэхэри. Апхуэдэхэм зэрагъэувымкIэ, «Фыщт» щIыпIэцIэр зэман жыжьэ дыдэхэм къыщежьащ икIи мыбдежым дызыщыхуэзэр зыпхыплъыгъуей дыдэ хъуа псалъэпкъ зэхэгъэувэкIэщ. Ар къызыхэкIауэ къэбжын хуейри, а щIыналъэм щыIуу щыта бзэхэм лъэхъэнэ кIыхьым къриубыдэу ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ ящыщ гуэрхэр зэрыщымыIэжымрэщ (псалъэм папщIэ, убыхыбзэмрэ садзхэм я бзэмрэ). Аращ зи гугъу тщIы бгым и цIэм хуэдэхэм адыгэ-абазэ-убыхыбзэхэм я тхыдэм куууэ дыщIыхашэри.

Убыххэр къэтщтэнщи, гу лъытапхъэщ икIи гъэщIэгъуэнщ, ахэр Тыркум къыщыхута иужькIи, абы щалъагъу мэзыншэ Iуащхьэ джафэхэм щхьэкIэ «фыщт» жаIэу зэрыщытари.

«Я Хэкужьым щхьэщылъэгыкI Фыщт Iуащхьэжьыр абыхэм, дэнэ щIыпIэ щымыIами, хуиту ялъагъу лъагапIэт», - щыжиIэгъащ и тхыгъэхэм ящыщ зым нэмыцэ лингвист, этнограф цIэрыIуэ, кавказыбзэхэр (убыххэм яйри абыхэм яхэту) джыным илъэс куэдкIэ яужь ита Дирр Адольф.

Мэрэтыкъуэ Къасым и «Адыгейский топонимический словарь» тхылъым къызэрыщихьамкIи, щIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ дихьэх Твёрдый Александр зэритхымкIи, Лагъуэнакъэ (Лагонаки) бгыщхьэ тафэм егъэщIылIа къуршхэм уардэу къахэхужьыкI Фыщт Iуащхьэжьым и цIэр пычыгъуитIущ зэрызэхэтыр: япэр - («фы») – («фыжь», «хужь»); етIуанэр -(«щт») – («щтын», «щта», «зэщIэдиихьа») Iыхьэхэущ, зэщIэгъэуIуауэ къарыкIри «бгы хужь зэщIэщтыхьа» мыхьэнэращ.

АрщхьэкIэ, апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм, ищхьэкIи къызэрыщыхэдгъэщащи, арэзы къимыщI лъахэджхэр щыIэщ. Абыхэм ящыщ гуэрхэр мыпхуэдэу йогупсыс: «”Фыщт” фIэщыгъэм и япэ пычыгъуэм “фыжь-хужь” къидгъэкIыфми, кIэух “т”-р еиныгъэ къэзыгъэлъагъуэу къэтлъытэми, а тIум я зэхуаку къыдэува “ш” - “щ” макъым къикIыр зэрымыгурыIуэгъуэу къонэ», - жаIэу.

АтIэми, иужьрей хьэрфым ехьэлIауэ мызэкIэ щыIэр еплъыкIитI къудейщ. Япэр зэхьэлIар «щ» - р «щта», «зэщIэщтыхьа» мыхьэнэм зэрыхуагъакIуэрщ, етIуанэр «щ»-р щабэуи хуабжьуи къепщэ жьым и макъым зэрырагъэщхьырщ.

Зи гугъу тщIы бгыр къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм хуабжьу зэрыщхьэщыIэтыкIам тращIыхьу, «Фыщт» фIэщыгъэр абазэбзэм къыхэкIауэ, «аф» пычыгъуэм «Щыблэм и тхьэ», «щта»-м «Абы и унэ», «Абы и щIыпIэ» мыхьэнэхэр къарыкIыу, зэхэтлъхьэжмэ, «Щыблэ уапIэ» мыхьэнэм хуэкIуэжу жызыIэхэри щыIэщ.   

ИтIани, къытедгъэзэжынщи, хуэгъэфэща бгъэдыхьэкIэ этимологием и «щIасэкъым». Аращи, Iуэху бгъэдыхьэкIэу къагъэлъагъуэхэм «Фыщт» фIэщыгъэм къикIыр нэгъэсауэ къыдгурагъэIуэфу къэлъытэныр мызэкIэ тIэкIу пасэIуэу къыщIэкIынущ.

                                 ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.