МАЗЭ ХУЭДИЗ ИIЭЖУ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу, Лэскэн ЕтIуанэ, Ерокъуэ къуажэхэм пхыкI автомобиль зекIуапIэр, псори зэхэту километр I2 зи кIыхьагъыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ.  

Зи гугъу тщIыр и зы Iыхьэщ а лъэныкъуэмкIи щызэгъунэгъу республикитIыр, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ, зэпызыщIэ автомобиль зекIуапIэу «Владикавказ - Ардон - Шэгуолэ (Чикола) - Лэскэн Езанэ - Ерокъуэ - Лэскэн II» зыфIащам. Адыгэ къуажитIым пхыкI километр 12-ри абы щыщщ.

IэщIагъэлIхэм автомобиль зекIуапIэм алъандэрэ телъа асфальт «уэншэкур» трагъэкъэбзыкIыжри, щIэрыщIэу трабзэжащ, гъуэгу Iуфэхэр Iуагъэбыдыхьащ, гуэкI-къыгухьэхэр, зэрыщытыпхъэу, къыпащIащ. А псом къыдэкIуэу, автомобиль зекIуапIэм зэрыщызекIуапхъэр къэзыгъэлъагъуэ нагъыщэхэр и бгъуитIымкIи щагъэуващ, машинэ зэблэжыпIэхэр дэнэкIи щыхагъэунэхукIащ.    

КъуажитIым пхыкI гъуэгур зэрелэжьыпхъэм темыкIыу  къагъэщIэрэщIэжащ хуагъэлъэгъуа пIалъэр иухыным мазэ хуэдиз иIэжу. 

 «Автомобиль зекIуапIэр зэрызэрамыгъэпэщыжрэ илъэс 15-м щIигъуагъэнт, - щыгъуазэ дещI Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм дэс нэхъыжьыфI Джатий Зубер. - Къуажэ зыбжанэр зэрызэпищIэм и мызакъуэу, абыкIэ жылэдэсхэр мэжджытым, узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIэм, нэгъуэщIхэми ялъоIэс, ныбжьыщIэхэр школми, ЩэнхабзэмкIэ унэми, спортым хуащIа пщIантIэ зэIухами макIуэ. А псом къыхэкIыу, дауи, дэ дримыгуфIэныр Iэмал зимыIэщ зи гугъу тщIы гъуэгур къызэрагъэщIэрэщIэжам, хуиту узекIуэ хъу зэращIам».

         «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым тету, арэзы укъищIу, Лэскэн районым мы зэманым щызэрагъэпэщыжа гъуэгухэм, псори зэхэту, километр 20-м нэблагъэ я кIыхьагъщ.

      АЗЫЧЭ Бэллэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.