Статьи на кабардинском языке

«ЩIЭНЫГЪЭ ЗЭКЪУЭТЫНЫГЪЭМ ФОРТОВ ВЛАДИМИР КЪЫХОЛЫДЫКI»

Егоровэ Татьянэ:

РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым зэIущIэ щекIуэкIащ, академик Фортов Владимир и Iуащхьэ («Пик Фортова») Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэ­ры­щы­зэ­Iуахам теухуауэ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэрэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и ко­митетым и унафэщI Емуз Нинэрэ.

«СЫХУЕЙЩ САБИЙХЭМ САДЭIЭПЫКЪУНУ»

Налшык къалэм и 37-нэ сабий садым и лэжьакIуэ Борэн Аринэ Iуэху щхьэпэ иришэжьащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща зэпеуэм саугъэт къыщихьа нэужь. Ар ядолажьэ я тхьэкIумэм зэхимыхыу къалъхуа, зэрыдаIуэ Iэмэпсымэ зи щхьэм хэлъ сабийхэм.

IЭРЫКI ТЕЛЪЫДЖЭХЭМ Я ДУНЕЙ

Гъэлъэгъуэныгъэхэр

Налшык дэт Лъэпкъ музейм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу. Абы утыку къыщрахьащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэм и студентхэм я IэдакъэщIэкIхэр.

ЩIАЛЭГЪУАЛЭМ Я МУРАДЫФIХЭР

«Урысейм и пэрытхэр» къэралпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр иджыблагъэ зэфIэкIащ. Псори зэхэту къапщтэмэ, цIыху 400-м нэс хэтащ. ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ абы щытекIуахэу Бэгъуэт Мухьэмэд, Къармэ Мурат, Къущхьэ Инал, Аттаевэ Лейлэ, Гызыев Алим, Уэзрокъуэ Аннэ, Теунэ Мурат, Хьэпэ Замир сымэ.

ХАБЗЭХЭМ Я ПРОЕКТХЭМ ХОПЛЪЭЖ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэ­кIуэкIащ хабзэубзыху Iуэху­щIапIэм и Президиумым и зи чэзу зэIущIэ. 

ЗЭХЪУЭКIЫНЫГЪЭХЭР ХАЛЪХЬЭ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ зыбжанэм щыхэплъа зэIущIэ. 

АДЭЖЬ ЛЪАПСЭМ ИРАХА ЩIЫ IЭМЫЩIЭ

Мы махуэхэм Апсным щагъэлъапIэ 1992 - 1993 гъэхэм екIуэкIа Куржы-Абхъаз зауэр я текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 30 зэрырикъуар. Къэ­ралпсо мыхьэнэ зиIэ а лъэпкъ махуэшхуэм и щIыхькIэ щIыналъэм Iуэхугъуэ куэд щокIуэкI: зэхуэсхэр, гукъэ­кIыж­хэр щыкуэд зэIущIэхэр, концертхэр, гъэлъэгъуэныгъэ­хэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщщ Сыхъум дэт ЩIыхьым и парк фэеплъ щIыпIэм ще­кIуэкIа Iуэхугъуэри.

БАГЪ ИДАР УРЫСЕЙ ФЕДЕРАЦЭМ ТIЭУНЕЙРЭ И ЧЕМПИОНЩ!

Мейкъуапэ къалэм къикIыу иджыблагъэ хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ. ФокIадэм 23 - 29-хэм абы щокIуэкI Урысей Федерацэм щыщ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ тхэквондомкIэ (ВТФ - Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) я чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен, «Пять колец» спорт академием и гъэсэн Багъ Идар.

НЭРИ ПЭРИ ЗЫХУЭХУ КАВКАЗ ИЩХЪЭРЭ!

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэ фокIадэм и I4-м щыщIэдзауэ щокIуэкI Москва и Внуковэ международнэ кхъухьлъэтапIэм. Выставкэр мы илъэсым и кIэ пщIондэ екIуэкIынущ. Iуэхур къызэрагъэпэщащ СКФУ-мрэ кхъухьлъэтапIэмрэ, Кавказ. РФ IуэхущIапIэр я дэIэпыкъуэгъуу.

Псори и чэзум зэфIагъэкIынущ

Тхьэмахуэ къэс екIуэкI «муниципальнэ сыхьэт» зэIу­щIэр зэхишащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэ­дзокъуэ Му­хьэмэд, министрхэр, щIы­налъэ адми­­­ни­ст­рацэ­хэмрэ къалэ округ-
ок­руг­хэмрэ я унафэщIхэр. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке