|
Статьи на кабардинском языке
7 августа, 2018 - 06:27
Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ туризмэм зыщегъэужьыным теухуауэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников А. А., КНР-м и лIыкIуэу УФ-м щыIэ Хуэй Ли, Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэ Умаханов И. М.-С., КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. сымэ.
7 августа, 2018 - 06:26
Тырку, Иордание, Израиль къэралыгъуэхэм, Мэздэгу щIыналъэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэхэр щызэхаша гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэм шыщхьэуIум и 7-м яхуеблэгъащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
7 августа, 2018 - 06:25
ШыщхьэуIум и 4 - 5 махуэхэм Италием и къалащхьэ Рим щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Европэм и щIалэгъуалэ чемпионат. Адыгэ щIалэхэм абы дыщэ медалхэр къыщахьащ.
4 августа, 2018 - 06:19
Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щызэIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ КНР-м и чрезвычайнэ икIи полномочнэ лIыкIуэу УФ-м щыIэ Хуэй Лирэ. ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэ Умаханов Ильяс, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А.
4 августа, 2018 - 06:17
ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я XIX дунейпсо фестивалым зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ 2017 гъэм зэфIагъэкIахэм папщIэ щIыналъэ куэдым я лIыкIуэхэм иджыблагъэ иратащ Урысейм и Президент Путин В. В. къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъымрэ фэеплъ медалрэ.
2 августа, 2018 - 07:05
КъБР-м и Правительствэм щекIуэкIа зэIущIэм и гугъу щащIащ бадзэуэгъуэм и 30-м къыкъуэуа жьапщэшхуэм и зэранкIэ, республикэм и щIыналъэхэу Прохладнэм хы-хьэ жылагъуэхэм ящыщу 7-мрэ Дзэлыкъуэм хиубыдэ къуажи 4-мрэ къыщыхъуа зэхэкъутэныгъэхэр зэман кIэщIым къриубыдэу гъэзэкIуэжы-нымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
2 августа, 2018 - 07:02
Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр екIуу щагъэлъэпIащ Налшык къалэ. Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм и жэрдэмкIэ, КъБР-м къэзыгъэзэжахэр «Трек» шхапIэм щызэхуашэсри, дахэу зэбгъэдэсащ, лъэпкъым и гугъуехьхэм, хэхэсхэм я щыIэкIэ-псэукIэм, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжахэр хэкужь гъащIэм зэрыхэзэгъэжым, хамэщI исхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм, нэгъуэщIхэми тепсэлъыхьащ.
2 августа, 2018 - 06:58
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прокуратурэм щекIуэкIащ коллегием и зэIущIэ. Абы щыхэплъэжащ 2018 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуахэм, етIуанэ илъэс ныкъуэм законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэнымкIэ зэфIахыпхъэхэр яубзыхуащ.
2 августа, 2018 - 06:57
КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм щекIуэкIащ 2018 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуам щыхэплъэжа зэIущIэ. Абы хэтащ республикэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и унафэщI, Урысей Федера-цэм щIыхь зиIэ и артист Балъкъыз Валерэ.
28 июля, 2018 - 05:25
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр иджыблагъэ щыIащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм. КIуэкIуэ Юрийрэ Битаров Вячеславрэ тепсэлъыхьащ зэгъунэгъу щIыналъитIым яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм адэкIи зегъэужьыным.
Страницы
|