ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ. Илъэс къэс а къэкIыгъэм гектар минитхум нэблагъэ ди щIыналъэм щыхухах, мы гъэми ар ягъэмэщIэнукъым, къитащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм.

НобэкIэ джэш хъурейр щыхащIащ гектар мини 2,5-м. КъэкIыгъэр нэхъыбэу хэзысэ хабзэр республикэм и консерв заводхэрщ. ИужькIэ, ар езыхэм Iуахыж, адэкIэ банкIхэм иралъхьэри, траIуэнтIэж. 
Мыдрейуэ, джэш хъурейм нэмыщI, нартыхурэ сэхуранымрэ къадэкIуэу, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу мы махуэхэм хасэ хьэр, зэнтхъыр, кIэртIофыр, Iэщым щхъуантIэу ирагъэшхыну къэкIыгъэхэр, нэгъуэщIхэри. 

 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.