ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Замир Хьэсэнбий и къуэм и цIэр зезыхьэ кадет еджапIэ-интернат №1-м. Абыхэм еджакIуэ ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс, я лэжьыгъэми щыгъуазэ ящIащ.

ЗэIущIэм хэтащ Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Руслан, Урысей гвардием Тэрч районым щиIэ, ведомствэм хэмыт и хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэхэр.

Гулъытэ хэха хуащIащ мэлыжьыхьым и 18-м ягъэлъэпIа, Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэм и тхыдэм, кадетхэм къыгурагъэIуащ абы и къежьапIэмрэ къэралым дежкIэ иIэ мыхьэнэмрэ. Ахэр зэпсэлъэныгъэм жыджэру хэтащ, упщIэхэри я куэдт. КъинэмыщIауэ, Урысей гвардием и лIыкIуэхэм ныбжьыщIэхэр щыгъуазэ ящIащ я къулыкъущIапIэм епха еджапIэхэм узэрыщIэтIысхьэну щIыкIэхэм.

- ЛIыгъэм и дерсыр мыхьэнэ зиIэщ кадет школым и еджакIуэхэм ямызакъуэу, Урысей гвардием и лэжьакIуэхэм я дежкIи. Мыпхуэдэ Iуэхухэр щхьэпэщ хэкупсэ лъапIэныгъэхэр зэтеухуэнымкIэ, абы гупыр хузэщIэIэтэнымрэ Хэкум и хъумакIуэхэр гъэсэнымкIэ, - къыхигъэщащ Хужьокъуэ Руслан.

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз