ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ къэралым и боксер лъэщу 117-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Пщынокъуэ Ислъам (кг 44-рэ), Жантемрокъуэ Имран (кг 46-рэ), ГъукIапщэ Альберт (кг 50), Фэрзалы Ислъам (кг 90), Къудей Алим (кг 48-рэ), Мэхъуэш Инал (кг 54-рэ), Аспиев Хьэмзэт (кг 66-рэ) сымэ.
Къашыргъэ Имран (кг 40), Быф Дамир (кг 42-рэ), Динаев Билал (кг 48-рэ), Уэртэн Ролан (кг 52-рэ), Ульбашев Артур (кг 60), Хьэжумар Рустам (кг 63-рэ) сымэ етIуанэ увыпIэр яубыдащ.
Конаков Амир (кг 40), Ахкубеков Iиляс (кг 40), Дыкъынэ Ибрэхьим (кг 42-рэ), Кугъуэт Тибард (кг 48-рэ), Аршиев Ислъам (кг 52-рэ), Уянов Амир (кг 63-рэ) ещанэ хъуащ. 
Командэм я тренерхэр Куэшмэн Аслъэн, Гулиев Малик, Занилов Мурат, Саракуев Ренат, КIэрэф Арсен, Хаджиев Марат, Рамэзан Аскэр, Жанатаев Руслан, Къумыкъу Мухьэмэд, Аминов Мырзэ сымэщ. 
АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист

15.05.2024 - 09:31

Аращ зыщIэзэуар ди нэхъыжьхэр

Бахъсэн щIыналъэм хиу­быдэ къуажэхэм фэеплъ пэ­кIухэр, зэIущIэхэр, зэ­хуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

15.05.2024 - 09:29

Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

15.05.2024 - 09:27

Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху

15.05.2024 - 09:25

Къаруушхуэ зыхэлъ уэрэдхэр

Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ­-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залы­мыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу.