|
КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI
23 апреля, 2024 - 06:03
Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ хамэ къэралу 10-м, Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 48-м я спортсмен 2160-рэ.
ГъэщIэгъуэну икIи гуащIэу екIуэкIа зэIущIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медаль бжыгъэхэмкIэ етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.
Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ щыхъуащ Блий Изабеллэ, Нэгъуей Алинэ, Блий Эмир, Гуэбэшы Аскэр, Токъуий Алий, Гуэбэшы Арнеллэ, КIэбышэ Ислъам сымэ.
ЕтIуанэ увыпIэр Байсиев СулътIан къихьащ, ещанэ хъуащ Битокъу Темерлан, Сидакъ Имран, Къэзанш Артур, Гузеев Къантемыр, Гузеев Темырлан, Акбулатов Амир, Этезовэ Эльмэ, Сыжажэ Дамир, Глашев Муслим сымэ.
Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Гуэбэшы Аслъэн, КIэмпIарэ Рустам, Мэш Азэмэт, Щомахуэ Владимир сымэ.
ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.
|
15.05.2024 - 09:32 Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист |
|
15.05.2024 - 09:31 Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ къуажэхэм фэеплъ пэкIухэр, зэIущIэхэр, зэхуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу. |
|
15.05.2024 - 09:29 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ. |
|
15.05.2024 - 09:27 Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху |
|
15.05.2024 - 09:25 Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залымыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу. |
|