«БАЙКОНУР» КОСМОДРОМЫР

 «Байконурыр» дуней псом и япэ космондром нэхъ ин дыдэщ. Абы телъэтыкIащ Гагарин Юрий зэрыса «Восток» кхъухьыр, ЩIым и япэ спутник IэрыщIыр, «Восход», «Союз» хьэрш кхъухьхэр.

Космодромым километр зэбгъузэнатIэ мини 7-м нэблагъэ къызэщIеубыдэ. Абы хэтщ ракетэхэр лъэтэным щыхуагъэхьэзыр комплексхэр, ракетэхэмрэ космос аппаратхэмрэ къыщапщытэ корпус, баллистикэ ракетэхэр щагъэунэху къудамэ, нэгъуэщI куэди.

Космодромым километр 350-кIэ пэжыжьэщ Байконур къалэр. Совет Союзыр лъэлъэжа нэужь, космодромыр Къэзахъстаным и нэIэ щIэуващ. Ауэ Урысейм ар бэджэнду иIыгъщ 2050 гъэ пщIондэ къэлъытауэ. Абы къыхэкIыу щIыпIэм хабзитI щыгъэуващ - Урысеймрэ Къэзахъстанымрэ яйхэр. Къалэм къэралитIми я хабзэхъумэхэр щолажьэ, суду, военкомату, ЗАГС-у тIу щыIэщ, щызокIуэ къэралитIми я ахъшэр.

Байконурым и фIэщыгъэми гъэщIэгъуэнагъ хэлъщ. Къапщтэмэ, космодром цIэрыIуэр нэхъ зыпэгъунэгъур Тюратам жылэрт. XX лIэщIыгъуэм ар хамэ къэрал СМИ-хэм «Тюратам космическэ комплексу» къагъэлъагъуэуи щытащ. Байконур щыIащ космодром нэпцI. Ар Урысейм къигъэсэбэпырт хамэ къэрал шпионхэр игъэщхьэрыуэн папщIэ. Космодромыр Байконур епха фIэщыгъэм къытенащ.

Космодромым и дамыгъэщ «Борщов и тюльпан» жыхуаIэ удз гъэгъар. А щIыпIэм къыщыкI а тюльпан лIэужьыгъуэм теухуа тхыгъэхэр щыIэщ, ар тхылъхэм къыщыгъэлъэгъуащ, Байконур теухуа фильмхэми къыхощ.

Япэ космическэ туристыр хьэршым лъэтащ Байконур космодромым текIри. Американ хьэрычэтыщIэ Тито Деннис 200I гъэм мэлыжьыхьым и 28-м доллар мелуан 20 щIитащ космосым зыщиплъыхьыным. Ар «Гагаринскэ старт»-кIэ зэджэм и езанэ утым телъэтыкIащ. Илъэс 61-рэ зи ныбжь зыплъыхьакIуэр махуихкIэ хьэршым щыIащ.

2000 гъэхэм щегъэжьауэ космодромыр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ и комплексхэм кIэлъыплъынымкIэ лэжьыгъэшхуэхэр екIуэкIащ, абы и фIыгъэкIи бжыгъэхэр я лъабжьэу лажьэ ракетэхэр иIэ хъуащ.

Зэгуэр дзэм епха IуэхущIапIэу щыта космодромым иджы дуней псом щыщ туристхэр ирегъэблагъэ. УщыкIуэнум мазитIкIэ япэ иту зебгъэтхын хуейщ. Туристхэм космодромыр къызэхаплъыхь, космическэ кхъухьхэм я макетхэр ирагъэлъагъу, музейхэм щIагъэхьэ. ЯфIэгъэщIэгъуэнщ ракетэхэр щаутIыпщкIэ еплъынуи, космонавтхэр щрагъажьэкIэ къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэри.

Байконур космодромым и музейр телъыджэщ. Абы гъэщIэгъуэн куэд къыщыпщIэнущ дунейпсо ракетэ ухуэныгъэмрэ космосымрэ теухуауэ. Пэш щхьэхуэ хухэхащ Королёв Сергей – космонавтикэм и конструктор цIэрыIуэм и сурэтхэр, абы къигъэсэбэпа хьэпшыпхэр, и чертёжхэр щIэлъщ. Музейм ущеплъыфынущ «Союз» космическэ кхъухьым и макетми. Гагаринымрэ Королёвымрэ я унэкIэ зэджэхэри гъэщIэгъуэнщ. Япэ унэ - пэшым Гагариныр нэху къыщекIащ космосым щылъэтэнум щыгъуэ. ЕтIуанэм Королёвыр щыпсэууэ, щылажьэу щытащ.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.