Налшык дэт Лъэпкъ музеймрэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музеймрэ къыщызэIуахащ сурэтыщI цIэрыIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и сурэтыщI Аккизов Екъуб и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Ар траухуащ IэщIагъэлIыр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъуам.
Фэеплъ пшыхьым зи псалъэ щыжызыIэну хуейхэр, Екъуб и ныбжьэгъуу, и цIыхугъэу щытахэр щызэхуэсат Лъэпкъ музейм и пэшым. И гуащIэм фIыуэ щыгъуазэхэр зэрымымащIэм и щыхьэтт мы Iуэхум зыкърезыгъэхьэлIахэм я бжыгъэр. ЯщIэрт абыхэм ди щIыналъэм и щIыуэпс къулейр, щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр, хабзэр, цIыхухэм я даха-гъэр, нэгъуэщI Iэджи зи лэжьыгъэхэмкIэ къэзыгъэлъэгъуа Аккизовым куэд зэрыхузэфIэкIар. Блынхэм фIэлъ сурэтхэр и лэжьыгъэхэм я Iыхьэ мащIэу зэрыщытыр къэплъытэмэ, Екъуб и гъащIэ мащIэр лъэпкъымрэ цIыхубэмрэ яхуэлэжьэным щхьэузыхь зэрыхуищIар хьэкъ пщохъу.
Налшыкдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ я пащхьэ музеитIым къыщрахьа IэдакъэщIэкIхэр зэзыгъэлъагъуну хуейхэм апхуэдэ Iэмал яIэщ зы мазэ пIалъэкIэ. КъищынэмыщIауэ, Iуэхум хэтщ Аккизов Екъуб теухуа альбом дахэм и «лъэтеувэ». Тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ, сурэт телъыджэхэмкIэ гъэбея къыдэкIыгъуэр тхылъымпIэфI дыдэкIэ тедзащ, езыр щхъуэкIэплъыкIэ дахэщи удехьэх.
IуэхущIапIэм и унафэщI Накуэ Феликс къызэхуэсахэм фIэхъус ярихри, гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихын папщIэ япэ псалъэр иритащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- Куэд щIауэ дгъэхьэзыр, Iэджэ щIауэ дызыпэплъэ Iуэхущ мы зэIущIэр. Дыхуейт щIэщыгъуэ хъунуи, ар къыдэхъулIауэ къызолъытэ, - жиIащ министрым. - Нобэ флъагъу IэдакъэщIэкIхэм яхэтщ зэи утыку кърамыхьахэр, ахэр гунэс зэрыфщыхъунум шэч къытесхьэркъым. Аккизов Екъуб ябгъэдэбгъэувэ хъунущ КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын сымэ, сыту жыпIэмэ ар классикщ, гъуазджэм зыми емыщхь хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ.
КъыкIэлъыкIуэу къэпсэлъа-пIэр хуит хуащIащ КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Зумакулов Борис. Абы къыхигъэщащ Аккизовыр балъкъэрхэм япэу къахэкIа профессиональнэ сурэтыщIу зэрыщытыр, и лъэпкъым и тхыдэм, щIыналъэм и дахагъэм гимн пэлъытэ хуэхъуа сурэтхэр зэрищIар.
- Сэ си къулыкъум къысхуигъэув къалэнукъым мыбы сыкъызэрыкIуар, атIэ илъэс куэдкIэ зыцIыхуауэщ, и ныбжьэгъужьу дэгъуэгурыкIуауэщ. Куэдрэ дызэхуэзащ, Iэджэрэ дызэпсэлъылIащ, дунейм ехыжыхуи дызэрыгъэпэжащ. ЦIыху нэст, цIыхуфIт, гу пцIанэт, убгъэдэсыну уасэ иIэтэкъым, - жиIащ Борис. - Дригушхуэрт апхуэдэ IэщIагъэлI телъыджэм дызэрыщIыгъум, а зэманым нэсу зыхэдмыщIэми. СурэтыщI гъуазджэм и тхыдэм ар къыхэнэнущ шэч хэмылъу. Абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэшхуэ ещIэ Екъуб и ныбжьэгъуу щыта сурэтыщI цIэрыIуэ Пащты Герман. Сэ си нэгу щIэкIащ щIыпIэ куэдым зи гуащIэр къыщащIэ Аккизовым и цIэр Герман щылажьэ Красноярск зэрыщигъэлъапIэр. МыдэкIэ Екъуб и щхьэгъусэ Сиярэрэ ипхъу Имарэрэ абы и лэжьыгъэм пащэри, узыншагъэрэ гукъыдэжрэ яIэу куэдрэ иужьым итыну си гуапэщ.
Гъэлъэгъуэныгъэм кърит гукъыдэжым, гупсысэм тегъэщIауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ. Апхуэдэуи ар къеджащ Урысейм и цIыхубэ сурэтыщI, ди къэралым и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Ковальчук Андрей Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм фIыщIэ къызэрыхуищI тхыгъэм. Аккизовым и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ нэхъ зыубгъуауэ къытеувыIащ Шэджэм районым и щIыпIэ самоуправленэм и советым и тхьэма-дэ Уэдыхь Хьэсанш, сурэтыщI Сурхайхайнов Ибрэхьим, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Моттаевэ Светланэ сымэ. Екъуб график телъыджэти, и IэдакъэщIэкI сурэтышхуэхэм къадэкIуэу, тхылъ куэд и лэжьыгъэхэмкIэ игъэщIэрэщIащ. «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм щылэжьа Моттаевэм и куэдт Аккизовым хэлъа цIыхугъэм, ар гумызагъэу тхылъхэм зэрелэжьам теухуа гукъэкIыжхэр.
Аккизовэ Имарэ псалъэ щратым, фэеплъ зэIущIэм зыкърезыгъэхьэлIа псоми фIыщIэ ин яхуищIащ, и адэр гуапэу зигу къэзыгъэкIыж дэтхэнэми ехъуэхъуащ. Щхьэхуэу фIыщIэ яхуищIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, абы и къуэдзэ Карчаевэ Iэминэ, псалъэкIи IуэхукIи зэпымыууэ щIэгъэкъуэн къыхуэхъу Пащты Герман, Екъуб и шыпхъу Чипчиковэ Мадинэ (ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейм ехыжащ).
- Нобэ флъагъу гъэлъэгъуэныгъэр илъэситIкIэ дгъэхьэзыращ, - жиIащ Имарэ. - Мис а зэманым къриубыдэу хузэфIэкI псори Iуэхум хилэжьыхьу къызбгъэдэта, нобэрей зэIущIэр къэхъуныр зэлъыта дэтхэнэми Тхьэм фигъэпсэу вжызоIэ. Си адэр зэрывгъэлъэпIам хуэдэу фи щхьэр лъапIэ хъуну сыхуейщ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
ИСТЭПАН Залинэ.