«Унагъуэр еджэмэ - къэралри йоджэ» къыхуеджэныгъэм щIэту 2024 гъэм гъатхэпэм и 23 - 31-хэм къэралым и дэнэ щIыпIэкIи щрагъэкIуэкIащ «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» фIэщыгъэр зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэр. Абыхэм хыхьэу Налшык къалэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм иджыблагъэ зэIущIэ хьэлэмэт къыщызэрагъэпэщат. Ар хуэгъэпсауэ щытащ сабийхэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджыным, тхылъ еджэным дегъэхьэхыным, щIыпIэм и тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыгъэгъуэзэным, лъэпкъ тхыдэм, хабзэм, щэнхабзэм фIыуэ хащIыкIыу щытыным.
А махуэм сабийхэм яхуеблэгъат усакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Хьэщыкъуей Олег. ЗэIущIэм апхуэдэу хэтащ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм и унафэщI КIэрашэ Аксанэ, абы и къуэдзэ ПщыукI Анютэ, къудамэм и унафэщI Мэршэн- къул Марьянэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
Уардэунэм къекIуалIэ сабийхэм ядэлажьэ Бозий Мадинэ зэIущIэр къыщызэIуихым кIэщIу къытеувыIащ «Сабий тхылъым и тхьэмахуэм» и тхыдэм. Абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ ар 1943 гъэм щегъэжьауэ къэралым зэрыщагъэлъапIэр. Апхуэдэ Iуэху дахэр, щIэблэм дежкIэ къыпхуэмылъытэну щхьэпэр къыхэзылъхьауэ щытар тхакIуэ цIэрыIуэ Кассиль Левт. Хэку зауэшхуэр екIуэкIырт, мэжэщIалIэр куэдт, абыхэм я нэхъыбэр сабийт. Мис ар къагурыIуэу, ныбжьыщIэхэм гугъуехьхэр зытIэкIукIэ щагъэгъупщэн, гукъыдэжыр къыхуаIэтын, езыхэми я къэкIуэнум лъабжьэ хуагъэтIылъын, щIэныгъэм, щэнхабзэм гу хурагъэщIын мурадкIэ зэхаублат а Iуэхугъуэр.
Япэ зэхуэсым кърихьэлIат сабий усакIуэ цIэрыIуэхэу Маршак Самуил, Барто Аг-ние, Чуковский Корней, Пришвин Михаил, Михалков Сергей, Дубровинэ Людмилэ, Кассиль Лев сымэ, нэгъуэщI куэди. Абыхэм я нэхъыбэр зауэм къыпэрыкIри, Мэзкуу къэкIуат сабийхэм яIущIэн папщIэ. «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» япэ зэхуэсым теухуа теплъэгъуэхэм Бозий Мадинэ къызэхуэсахэм телевизоркIэ иригъэплъащ.
ИужькIэ, сабийхэр тепсэлъыхьащ нэхъыфIу ялъагъу тхылъхэм икIи абыхэм тращIыкIа сурэтхэр хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ. ИтIанэ ахэр гъэхуауэ, дахэу къеджащ Хьэщыкъуей Олег и усэ Iэрамэм. Абыхэм я нэгум къищырт усэхэр зытеухуар къазэрыгурыIуэр, псэкIэ зэрызыхащIэр. ЦIыкIухэм хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ а къызэджа усэхэр зытхар я пащхьэ зэрисыр. Абыхэм я нэ цIыкIухэр лыду, уеблэмэ я фIэщ мыхъу жыхуаIэм хуэдэу еплъырт хьэщIэ къахуэкIуам. Усыгъэм и дуней телъыджэм щIэблэр хэшэным, тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIымрэ абы еджэмрэ зэпыщIэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр мыбдежым щынэрылъагъу дыдэт.
Хьэщыкъуейм цIыкIухэм фIыщIэ яхуищIащ апхуэдэу дахэу и усэхэм къызэреджам, егугъуу зэрызагъэхьэзырам папщIэ икIи чэнджэщ яритащ тхылъ еджэ-ну, анэдэлъхубзэр IэщIыб ямыщIыну, ар фIыуэ зрагъэщIэну.
«Бзэ Iей щыIэкъым икIи бзэ нэхъыбэ пщIэныр фIы дыдэщ, ауэ ууейр къэбгъанэу, ар зыщыбгъэгъупщэу нэгъуэщIым ейм зыщептым деж ар насыпыншагъэщ. Абы дыкIэлъыплъын хуейщ, псом хуэмыдэу, адэ-анэр. Бзэ пщIэнымрэ акъылы-фIэу ущытынымрэ зэпэщхьэхуэщ. Псалъэм папщIэ, къэхъункIэ мэхъу цIыхум хамэбзэ куэд ищIэу, ауэ Iущыгъэм, псэкупсэ къулеягъым хуэхейуэ, удэзыхьэхын пкърымылъу. Бзэ куэд зэрищIэми къыдихыжыфынукъым зи анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр, и купщIэр зыIэщIэкIар. Япэ ирагъэщу хамэбзэхэр зэзыгъащIэу абыхэм ирипсалъэ псори ямылейуэ губзы-гъэу икIи Iэзэу щыткъым, ари зыгурыдгъэIуэн хуейщ. НэгъуэщIым щхьэкIэ уи лъэпкъыбзэр ебгъэкIуэтэкIыныр тхьэмыщкIагъэщ. Аращи, анэдэлъхубзэр япэ изыгъэщу, адрейхэри фIыуэ зэзыгъащIэрщ хущIемыгъуэжынур. Абы и щапхъэхэм гъащIэм куэд дыдэрэ дыщрохьэлIэ. И анэдэлъхубзэкIэ къыжраIа гущэкъу уэрэдым, таурыхъхэм, хъыбархэм щIапIыкIа, абыхэм я IэфIагъыр, беягъыр зыпкърыхьа щIэблэрщ лъэпкъым и къэкIуэнур зэпхар. Бзэмрэ псэмрэ зэрызэпыщIари зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым», - жиIащ усакIуэм.
Апхуэдэуи ар тепсэлъыхьащ нобэ сабийхэр телефонхэм хуабжьу дихьэх зэрыхъуам, абы нэхъыжьхэр зэригъэпIейтейм. Зэманыр мэкIуатэ, дунейм псынщIэу зеужь, гъащIэм зехъуэж, махуэ къэси абы щIэ куэд къыхохьэ. Абыхэм ящыщщ телефонхэри планшетхэри. Иджырей технологиер жыжьэ бэкъуащ, илъэс щэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ, уи нэгу къыпхущIэмыгъэхьэу щыта телъыджэ куэд ди нэкIэ тлъэгъуащ, къэдгъэсэбэп хъуащ, IэмэпсымэщIэхэм я зэфIэкIыр хьэкъыу тпхыкIащ.
«Сыт хуэдэ лъэхъэни жьыр щIэм йохъурджауэ, ауэ, Iуэхум пэжу деплъмэ, абыхэми дэри зыри дилажьэкъым, атIэ ар, дыхуей-дыхуэмейми, зэманым къытхуигъэува Iуэхугъуэщи, къэтщтэн хуейуэ къызолъытэ.
Телефоныр сабийм къыщIытепхын, щIумыгъэIыгъын щхьэусыгъуи щыIэкъым, сэ сызэреплъымкIэ. Пэжщ, зэрыIэщIэлъ зэманыр гъэмэщIэн хуейщ. Япэм цIыхухэм еджэкIэ, тхэкIэ ящIэу щытакъым, ауэ зэманым зиужьурэ нэхъыжьхэри еджэжын хуей хъуащ, щIэныгъэншагъэр гъэкIуэдыным хуэгъэпса Iуэхухэр кърахьэжьэри. Иджыпстуи, телефонхэр сабийхэм къаIэщIэпхыпэмэ, ахэр екIуэкI зэманым къыкIэрыбгъэхуну аращ.
Иджырей технологиехэм жыджэру зеужь, ди щIалэгъуалэри нобэ гъащIэм къыщекIуэкIхэм щыгъуэзэн, дэбэкъуэн хуейщ. Абы зыри пхуещIэнукъым. Я зэраныгъэ къызыхэкIынум пэIэщIэ тщIыуэ, зэрытхузэфIэкIкIэ дадэIэпыкъуу, гъуэгу захуэм зэрытедгъэувэным дыхущIэкъу зэпыту дадекIуэкIмэ нэхъыфIщ сабий-хэм. Сыт хуэдэ пэубыдыныгъэми фIы къызэримышэри зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым адэ-анэм. Телефонхэм я къэгъэсэбэпыкIэм теухуауэ иджыпсту дызыгъэпIейтей Iуэхухэм губзыгъэу хэкIыпIэ къахуэдгъуэтынырщ ди къалэныр», - жиIащ Хьэщыкъуейм.
Къызэхуэсахэм упщIэ куэдкIэ хьэщIэм зыхуагъэзащ. Абыхэм псоми зэпкърыхауэ жэуап ягъуэтащ, иужькIи гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ ягъуэтауэ цIыкIухэр зэбгрыкIыжащ, усакIуэми елъэIуащ иджыри хьэщIапIэ къахуэкIуэну.
Я зэIущIэр гуапэу ягу къинэжын папщIэ фэеплъ сурэти зытрагъэхащ зэIущIэм и кIэухым. Нэрылъагъут абы хэта псоми я гур хэхъуэу, бзэ и лъэныкъуэкIэ яIэ зэфIэкIым хагъэхъуэн мурад яIэу зэрызэбгрыкIыжыр.
ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.