ШУУЕЙХЭМ Я ЗЭПЕУЭМ

Къэбэрдей-Балъкъэрым шыкIэ гъуэгуанэ кIыхь зэпычынымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ иджыблагъэ Бахъсэн къалэм щекIуэкIащ.

Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 8-мрэ Белоруссиемрэ я шууейхэр - псори зэхэту спортсмен 93-рэ. Ахэр зэхьэзэхуащ километр 40, 80, 100, 120-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэхэр нэхъ псынщIэу зэпычынымкIэ.

Зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и шууейхэу Елъкъэн Казбек, Васильевэ Екатеринэ, Вэрокъуэ Идар, Мыз Исмел сымэ. ЕтIуанэ хъуащ Занкишиев Альберт, Согуэ Мурат, Абуллаевэ Салихьэ, Тау Аслъэнбэч сымэ.

Ещанэ увыпIэр хуагъэфэщащ Дудов Арсенрэ ФочыщIэ Аслъэнрэ.

АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.