ТУРИСТ НЭХЪЫБЭ КЪЫЗЭРЫКIУЭНУМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и курортхэм жыджэру зрагъэужь, ухуэныгъэщIэхэр ирагъэкIуэкI: дызэрыт илъэс къудейм къриубыдэу абыхэм къыщызэIуахынущ республикэм зыщызыгъэпсэхуну, зыщызыплъыхьыну къакIуэхэр къыщыувыIэну щIыпIэщIэу, хьэщIэщ пэшу 550-м щIигъу. «Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, а Iуэхугъуэхэм хухахынущ сом мелуан 366-рэ, жиIащ иджыблагъэ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат. 

«2022 - 2024 гъэхэм псори зэхэту субсидиеу сом мелард I,68-рэ къэрал бюджетым къыхэкIащ, иджыпсту дызыпэрыт пэхуэщIэхэр I09-рэ мэхъу. Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу турист IэнатIэм зегъэужьыным ехьэлIауэ къэралым ахъшэ нэхъыбэ зыхуиутIыпщ I5-м яхохьэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр.
Республикэм и унафэщIхэми я нэIэ трагъэт зэпытщ туризмэм зегъэужьыным. ЩIыпIэ бюджетым къыхэкIыу мы гъэм къытIэрыхьащ сом мелуан 44-рэ. Ар тедгъэкIуэдэнущ IэнатIэм ехьэлIа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэмрэ абы и инфраструктурэр егъэфIэкIуэным пыщIа лэжьыгъэхэмрэ», - къыхигъэщащ министрым.
Лъэпкъ пэхуэщIэм къыхэкIа мылъкумкIэ зыхуей хуагъэзащ цIыхухэм зыщагъэпскI псыхэм я Iуфэхэр, илъэс хъурейкIэ лажьэ бассейнхэм хуэдэхэр, сабий, спорт комплексхэр къызэIуахащ, кемпингхэр, автокемпингхэр яухуащ. ЦIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэным гулъытэшхуэ зэрыхуащIым и фIыгъэкIэ процент 26,3-кIэ къыхэхъуащ ди деж къакIуэ туристхэм я бжыгъэм икIи ар цIыху мелуан I,5-м зэрынэхьэсащ. 
Апхуэдэуи, министрым къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм зыщызыгъэпсэхуну, зыщызыплъыхьыну къакIуэхэр къыщыувыIэну щIыпIэхэм, хьэщIэщхэм я бжыгъэр процент 58,5-кIэ нэхъыбэ ящIащ блэкIа илъэсым. Иджыпсту ди деж зэуэ зы махуэм къыщызэтеувыIэфынущ цIыху мин I7,I-рэ хуэдиз. А бжыгъэм нэхъри зэрыхагъэхъуэным, я нэгу зрагъэужьыну къытхуеблагъэхэр арэзы зэращIыным яужь итщ IэнатIэм и дэтхэнэ лэжьакIуэри. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист

15.05.2024 - 09:31

Аращ зыщIэзэуар ди нэхъыжьхэр

Бахъсэн щIыналъэм хиу­быдэ къуажэхэм фэеплъ пэ­кIухэр, зэIущIэхэр, зэ­хуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

15.05.2024 - 09:29

Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

15.05.2024 - 09:27

Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху

15.05.2024 - 09:25

Къаруушхуэ зыхэлъ уэрэдхэр

Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ­-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залы­мыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу.