САБИЙХЭМ Я ШЫНАГЪУЭНШАГЪЭР КЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу мыхьэнэшхуэ зрат Iуэхугъуэхэм ящыщщ школхэм, училищэхэм, колледжхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, сабийхэм я нэгу зыщрагъэужь, зыщагъэпсэху щIыпIэхэм екIуалIэ гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэныр.

«ЛъэкI къэдмыгъанэу ди лэжьыгъэм дыщыхущIокъу щIэблэ къытщIэхъуэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща зэрыхъуным. Сабийр школым зэрыкIуэ, нэгузегъэужьыпIэхэм езышалIэ гъуэгухэр зэрытхузэфIэкIэ зэпэщ зэрытщIыным яужь дит зэпытщ. Абыхэм щхьэкIэ гъуэгу щхьэфэхэр къыдогъэщIэрэщIэж, зыдохъуэкI, уэздыгъэхэмкIэ къыдогъэнэху, лъэс лъагъуэхэр, гъуэгу зэпрыкIыпIэхэр, дамыгъэхэр къыхыдогъэщхьэхукI.

Псалъэм къыдэкIуэу, иужьрей илъэситхум къэралым и щIыналъэхэм – лъэпкъ пэхуэщIэм хэтхэм ящыщу, - я гъуэгухэр, къэрал мыхьэнэ зиIэхэри щIыпIэхэм яйхэри, псори зэхэту километр мини 4-м щIигъу, щыIэ мардэм кърагъэтIэсащ. Абыхэм ухуашэ егъэджэныгъэм пыщIа, сабийхэм я нэгу зыщрагъэужь хабзэ ухуэныгъэхэм. 2024 гъэм апхуэдэ щIыпIэу 766-рэ иджыри зэдгъэпэщыжынущ, псори зэхэту километр мини 2,5-рэ я кIыхьагъыу» - жиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.

Егъэджэныгъэм пыщIа, сабийхэм я нэгу зыщрагъэужь хабзэ ухуэныгъэхэм екIуалIэ гъуэгухэм шынагъуэ къыщымыгъэхъуныр псом нэхърэ нэхъыщхьэщ. Ар къагурыIуэу, гъуэгум ехьэлIауэ щыIэ лэжьыгъэхэр псори зэуэ къызэщIаубыдэ икIи зэгъусэу зэфIагъэкI.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэдгъэлъэгъуэнщи, дызэрыт илъэсым къриубыдэу, егъэджэныгъэм пыщIэ ухуэныгъэу 17-м екIуалIэ гъуэгухэр щыIэ мардэм кърагъэтIэсэнущ, псори зэхэту километр 42-рэ хъууэ.

Псалъэм папщIэ, мы махуэхэм лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI Шэджэм ЕтIуанэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамым. Ар йокIуалIэ курыт еджапIитIымрэ сабий садитIымрэ. Бахъсэн щIыналъэм и Къулъкъужын Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ къуажэхэм я уэрамхэм, километр 18 хъум, тетщ школищрэ зы сабий садрэ. Терекскэ къуажэм и курыт еджапIэмрэ сабий садымрэ ухуэзышэ уэрамми асфальтыщIэ тралъхьэ, Май къалэм Гагариным и цIэр зезыхьэ и уэрамым, гимназие №1-м екIуалIэм, Бабугент къуажэм Мечиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым, километр 1,4-рэ зи кIыхьагъым, сабий садрэ спорт секцэмрэ къызэдзылIам, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр нобэ щрагъэкIуэкI.

Налшык къалэр къэдгъэлъагъуэмэ, мыбдежми а лэжьыгъэхэр щыщIагъэхуабжьэ. «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, етIуанэ Тамань дивизэм и цIэр зезыхьэ уэрамым асфальтыщIэ тралъхьэнущ. Абы иужькIэ къапэщытщ Кавказ Ищхъэрэм егъэджэныгъэмкIэ и ухуэныгъэхэм я нэхъ ин дыдэр – «ДыгъафIэ къалэр» - курыт еджапIэ №27-р зыхиубыдэ гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэныр.

Мусукаевым и цIэр зезыхьэ уэрамым тетщ сабий сад, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ уэрамым - курыт еджапIэ №26-р, Балкарскэм – щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжыр.  Мыбыхэм псоми екIуалIэ гъуэгухэри зыхуей хуагъэзэнущ.

Лэжьыгъэхэр, зэрыжаIэу, жэщ-махуэ ямыIэу ирагъэкIуэкI, къалэн зыщащIыжа пIалъэм къриубыдэуи зэфIагъэкIынущ.

                                                         ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.