ЛIЫХЪУЖЬЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

Совет Союзым и ЛIыхъужь Яхэгуауэ Михаил и фэеплъу Къэбэрдей-Балъкъэрым картингымкIэ и чемпионат зэIуха иджыблагъэ Нарткъалэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Ставрополь крайм, Ростов, Волгорад областхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Къэрэшей-Шэрджэсым, ди республикэм я командэхэр.

Спортсменхэр щIэбэнащ медаль комплекту 12-м икIи абы щыщу 11-р КъБР-м и гъэсэнхэм къахуэнэжащ. Зэпеуахэм къапэлъэщын къахэкIакъым Бэрэгъун Ислъамрэ Сунш Iэниуаррэ. ЕтIуанэ хъуащ Цамаев Эльхъан, Уэлджыр Сэлим, Шыбзыхъуэ Айдан, Хьэкъун Елдар сымэ. Шелковников Иван, АфIэунэ Ислъам, Петрушенкэ Богдан, Надев Ренат, Кейбаков Ислъам сымэ ещанэ увыпIэр къахьащ.

ТЭМОКЪУЭ Санэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.