МЕДАЛЬ ТХУЩI КЪЫТХУАХЬ

КИФЩI-м кикбоксингымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я спортсмен 560-рэ, я ныбжькIэ илъэсипщIым щегъэжьауэ нэхъыжьыIуэхэри. 
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, гуп зэпеуэм япэ увыпIэр щаубыдащ Дагъыстаным щыщхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр етIуанэ хъуащ, ещанэр Ставрополь крайрщ. 
Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм япэ щыхъуахэщ Абдурахмановэ Дианэ, ГъукIэ Марат, Зияддинов Ибрэхьим, Ламырдон Дианэ, Къалэ Лянэ, Къардэн Азэмэт, ШэджыхьэщIэ Жэмболэт, Къарэ Къантемыр, Пэжь Мухьэмэд, Ефэнды Миланэ, Жэрыщты Миланэ, Гъубжокъуэ Элинэ, КIарэ Асалинэ, Мавлюдов Рэмэзан, Токъмакъ Дамирэ, СэвкIуий Саид сымэ. Псори зэхэту ди командэм медаль 50 къихьащ.
Зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм хэтахэм Iэмал ягъуэтащ Урысейм кикбоксингымкIэ и чемпионатымрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэмрэ хэтыну. 
 
БЭВЫКЪУЭ Борэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.