МЭКЪУМЭШ IЭНАТIЭР Я НЭIЭ ЩIЭТЩ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир лэжьыгъэ IуэхукIэ Ставрополь крайм щыIащ. Ар хуэзащ Урысейм и мэкъумэш ­IэнатIэр зезыхьэхэм икIи абы дяпэкIэ зэрызрагъэужьынум тепсэлъыхьащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу зэIущэм хэтащ «Каббалкрас­те­ние­водство»-м и генеральнэ унафэщI Къумыкъу Анзор. Абы къэрал унафэщIыр щигъэгъуэзащ ди лъахэм мыIэрысей гъэкIыным зэрызыщиужьым, абыкIэ къэралым щынэхъ лъэрызехьэхэм КъБР-р зэрыхабжэм, апхуэдэуи мыIэ­рысэм къыхэщIыкIауэ сабийхэм ирагъэшх мы­Iэрысэ хьэжа (пюре) къыщIагъэкIын зэрыщы­щIа­дзам, IэфIыкIэ щIынми куэдым зэрызратам. Къумыкъум мэкъуэш IэнатIэм пэрыт псори зыгъэпIейтей упщIэр иритащ Путиным - дизель гъэсыныпхъэм и уасэр губгъуэм итхэм къатемыхьэлъэу гъэпсын зэрыхуейр. 
«Си фIэщ мэхъу зэIущIэм щызэпкърахахэр ­IэнатIэм зиужьынымкIэ сэбэп зэрыхъунур, ­Президентым къулыкъущIэхэм пщэрылъ ящи­щIахэр зэрагъэзэщIэнур», - жиIащ КъБР-м и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 
2023 гъэм КъБР-м и мэкъумэш IэнатIэм сом меларди 3,7-рэ хухахащ. Ахэр былым гъэ­-хъуным, къэкIыгъэ гъэкIыным, ерыскъы про­мышленностым, къуажэ щIыпIэхэм зегъэу­жьы­ным трагъэкIуэдащ. Гулъытэшхуэ зыхуащIхэм ящыщщ къэкIыгъэхэм псы зэрыщIагъэлъадэ ­Iэмалхэр егъэфIэкIуэныр. Псы зыщIагъэлъадэ щIыуэ гектар мин 64-рэ диIэ хъуащ, ар щыкIэ ­нэхъыбэщ нэгъабэрейм нэхърэ. 
Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьынымрэ абы пэрытхэм къэрал дэIэ­пыкъуныгъэ етынымрэ иджыри къыпащэнущ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI