ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР КЪАПОПЛЪЭ

Урысейм универсальнэ зэуэкIэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ илъэс 16 - 17-хэм ит ныбжьыщIэхэмрэ илъэс 18-20 зи ныбжь щIалэгъуалэмрэ. Къэралым и щIыналъэ 45-м я лIыкIуэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ цIыху 600-м щIигъурт.

Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ,  «Лайт» зэпеуэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм ещанэ увыпIэр къихьащ. Япэ хъуар Мэзкуу областым и спортсменхэрщ, етIуанэр мэзкуудэсхэрщ.

«Классика» зэпеуэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм япэ увыпIэр иубыдащ. ЕтIуанэр Иркутск областым къикIахэрщ, ещанэр – Кемеровэ областым и лIыкIуэхэрщ.

Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм Iэмал ягъуэтащ универсальнэ зэуэкIэмкIэ дунейпсо чемпионатым хэтыну.

                                               БАТОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI