КИЛОМЕТРИТХУ ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

Гъуэгу хозяйствэмкIэ «Кавказ» федеральнэ IуэхущIапIэм къызэрыхилъхьауэ, 2024 гъэм къриубыдэу, Налшык къалэ Идар Темрыкъуэ и цIэр зезыхьэ и уэрамым и машинэ зэб­лэкIыпIэу 4-м щыщу Р-217 «Кавказ» федеральнэ автомобиль зекIуапIэм и 450-нэ километрым къы­щыщIэдзауэ 455-нэм нэсыр къызыхуэтышэу зэрагъэпэщыжынущ. А Iыхьэр хохьэ Налшык и кхъухьлъатэ тедзапIэм хуэзышэм. 

Зи гугъу тщIы щIыпIэм автомашинэу щызэблэкIым я бжыгъэм иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу хэхъуащ. КъызэрабжамкIэ, жэщ-махуэм къриубыдэу ахэр мин 30-м щIегъу. Абы къыхэкIыуи, гъуэгум телъа асфальтым и щхьэфэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щетIысэхащ, языныкъуэхэм деж щызэгуэкIащ, вагъэмбэкъу теплъэ иIэ хъуащ. 
IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, гъуэгум зи гугъу тщIа и зэб­лэкIыпIиплIыр, иджырей мардэхэм къитIасэу зэрагъэзэхуэжа иужькIэ, нэхъ щызекIуэгъуафIи шынагъуэншагъэм нэхъ тещIы­хьауи хъунущ.
Лэжьыгъэхэм хыхьэу, гъуэгуухуэхэм япэщIыкIэ машинэ зекIуа­пIэм телъа асфальт-бетоныр трагъэкъэбзыкIыжынущ. КI­э­лъы­кIуэ лъэбакъуэу, «регенерацэ щIыIэпс» («холодная регенерация») зыфIаща IэмалыщIэм хуэкIуэу, тратхъунщIыкIар ре­сайк­лер IэмэпсымэщIэмкIэ цIыкIу-цIыкIуххэу яущыкъунурэ, ­кIуэ­ры­-
кIуэм тету хагъахъуэ битум эмульсэрэ цементкIэ зра­гъэпцIы­жынущ. Апхуэдэ щIыкIэм тету къаIэрыхьар  автомобиль зекIуа­пIэм тракIэжынущ. ЗэрагъэунэхуамкIи, а IэмалыщIэм гъуэгур  нэхъ быдэ ищIынущ.
КIэлъыкIуэу, автомобиль зекIуапIэм иджыри асфальт «уэн­шэку­щIэу» тIу трабзэнущ - зыузэху япэреймрэ мывэкIэщхърэ мастикэкIэ зэхэпщамрэ. ЕтIуанэр, зэрыжаIэмкIэ, телэжьыкIы­гъуейщ, шэрхъхэри темыцIэнтхъукIыу нэхъ зыубыдщ.
IэщIагъэлIхэм гъуэгу зэхэкIыпIэхэми лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкIынущ: жьы хъуа щхьэфэр тратхъунщIыкIыжынурэ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Iэмалхэм языхэзымкIэ асфальт тIуащIи тралъхьэжынущ. Инженер лэжьыгъэхэм хыхьэу, автомобиль зекIуапIэм и бгъуитIымкIи Iулъ мывэхэр зэрахъуэкIынурэ Iуа­гъэбыдыхьыжынущ, гъуэгум и зэблэжыпIэхэр куэдрэ темы­лэ­жьы­кIыж термопластик ткIуаткIуэкIэ хагъэунэхукIынущ. 
Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ, гъуэгум зи гугъу тщIа и Iыхьэм и лъэ­ныкъуитIми, чэзу-чэзукIэрэ, машинэ зэблэкIыпIэу зырыз къы­хуагъэнэнущ. 
Iуэхум ирагъэхьыну зэманым къриубыдэу машинэхэр зэтримыхьэн папщIэ, гъуэгу хозяйствэмкIэ «Кавказ» федеральнэ IуэхущIапIэм щылажьэхэм мы щIыпIэр зи зекIуапIэхэр къы­хуреджэ нэгъуэщI «лъагъуэхэри» Iэгъуэб­лагъэм щыIэнкIэ зэрыхъунум егупсысыну. 
 БЭРАУ Бышэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI