СПОРТЫР УЗЫНШАГЪЭМ И ЛЪАБЖЬЭЩ

Физкультурэмрэ спортымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщегъэужьыным, абы цIыху нэхъыбэ къыхэшэным мыхьэнэшхуэ республикэм щрат. Сыту жыпIэмэ, щIэблэ узыншэ диIэнымкIэ шэсыпIэхэм ар ящыщу къалъытэ. НобэкIэ спортымрэ физкультурэмрэ сыт щыгъуи зыхуэзыгъасэхэр цIыху мин 413-м щIыналъэм щыщIегъу ди деж икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, а бжыгъэм къыхэхъуэ зэпытщ.

Иужьрей илъэс зыбжанэм спорт ухуэныгъэшхуэу 14 республикэм щаухуащ. Абы къыдэкIуэу, мыдрей апхуэдэ IуэхущIапIэу щIыналъэхэм щыIэхэр къагъэщIэрэж, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщ.

         «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу республикэм и спорт ухуэныгъэхэм екIуалIэ гъуэгухэр зэпэщ мы гъэми ящIынущ. Псалъэм къыдэкIуэу, дызэрыт илъэсым къриубыдэу щIыналъэм и апхуэдэ гъуэгуу 5 зыхуей хуагъэзэнущ, псори зэхэту километр 30 я кIыхьагъыу. Абы хохьэ Бабугент къуажэм Iэпщэрыбанэ спортым зыщыхуагъасэу дэт еджапIэм хуэкIуэ гъуэгур. Мыбы асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу гъуэгущIэ щытралъхьэнущ, лъэс лъагъуэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ, иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэблэнущ. 

         Къулъкъужын Ищхъэрэм дэтщ физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ спорт комплексышхуэ, Шордакъ къуажэм и Школьнэ уэрамымрэ Пролетарскэ жылэм Брянцевым и цIэр зэрихьэу щыIэ уэрамымрэ спорт площадкэхэр тетщ, Шэджэм ЕтIуанэм Лениным и цIэр знезыхьэ и  уэрамым спорткомлексым ухуешэ. Мыбыхэм псоми гъуэгу лэжьыгъэхэр мы гъэм щрагъэкIуэкIынущ, зэIузэпэщ ящIынущ.

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, республикэм и автомобиль зекIуапIэу псори зэхэту километри 100 зи кIыхьагъыр 2024 гъэм зэрагъэпэщыжынущ.

                                               ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI