Пашэхэмрэ къыкIэрыхухэмрэ

Тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъы­щхьэм и етIуанэ джэгу­гъуэм хыхьэ зэIущIэхэр. 

Иджыри пасэщ абы уте­псэлъыхьыну, ауэ хуэм-хуэмурэ зэхэкI хъуащ зэхьэ­зэхуэм и саугъэт нэхъы­щхьэм щIэбэныну зыхуэбгъэфащэну командэхэр. Куэд пэмыплъауэ абыхэм ящыщ зыщ «Искра»-р. Япэ джэгугъуэм текIуэныгъэ къыщызыхьа алътуддэсхэм иджы я унэ къыщрагъэблэгъат «Урыхур». ЗэIущIэм и 5:1 кIэух бжыгъэм теп­щIыхь­мэ, хэгъэрейхэр гугъу­щэ демыхьыу хьэщIэ­хэм ефIэ­кIащ. Урыху и командэм и дежкIэ иджырейр етIуанэ хэщIыныгъэщ. 
Апхуэдэ дыдэ бжыгъэкIэ иухащ Кэнжэ щекIуэкIа щIыпIэ командэмрэ «Авто­запчасть»-мрэ я зэпэщIэ­тыныгъэр. Бахъсэндэсхэм дагъэкIа топитхум и жэуапу хэгъэрейхэм къратыжыфар зы къудейщ. Бахъсэндэсхэр зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм зэкIэ пашэ­ныгъэр щызыдэзыгуэ­шхэм ящыщ зыщ. Ири­гъэкIуэ­кIа зэIущIитIми къыщыхагъэ­щIауэ «Кэнжэр» иужь увы­пIэхэм къыщыувыIащ. 
Мыгъэрей зэхьэзэхуэм япэ зэIущIэр щригъэкIуэкIауэ аращ Бабугент и «Лого­ВАЗ»-м. Балъкъэр къуажэм къикIа командэр бжыгъэшхуэкIэ 3:0-у ефIэкIащ «Псыкуэд-Марвил»-м. Хэгъэрейхэм пэщIэдзэ зэIущIитIми зы очко закъуи къыщахьыфакъым. 
Зэпеуэр джэгукIэ хъар­зы­нэкIэ къыщIэзыдза Шэ­джэм ЕтIуанэм и командэми зи чэзу ехъулIэныгъэр зыIэригъэхьащ. Ар 4:2-уэ ефIэкIащ япэ джэгугъуэм очкоищ щызыIэрызыгъэ­-хьа Шэджэм къалэ и «Шэрджэсым». «Шэджэм-2»-ри яхыхьащ япэ джэгугъуитIым и командэ нэхъы­фIищым. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм щригъэкIуэкIа япэ зэIущIэр текIуэныгъэкIэ иригъэ­жьащ «Ислъэмейм». Абырэ Налшык и «Къэбэрдеймрэ» я зэпэщIэтыныгъэр иухы­хукIэ зэхэкIауэ щытакъым кърикIуэнур. Джэгугъуэм и топ нэхъыбэ дыдэ щыдагъэкIа а зэIущIэр хэгъэрейхэм я текIуэныгъэкIэ 4:3-уэ иухащ. ИрагъэкIуэкIа зэIу­щIитIми къыщыхагъэ­-     ща­уэ налшыкдэсхэр зэ­хьэзэхуэм и турнир таблицэм къыкIэ­рыхухэм я гу­пым хэтщ. 
ЕтIуанэ джэгугъуэм и адрей зэIущIэхэу «Тэрч» - «Малка», «Спартак-Д» - «Псыгуэнсу», СШОР - «Родник» командэхэм я зэпэ­щIэтыныгъэхэр ягъэ­Iэп­хъуащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм и етIуанэ джэгугъуэм зэхэта зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр кърикIуащ: накъыгъэм и 21-м: «Кэнжэ» (Кэнжэ) - «Автозапчасть» ­(Бахъсэн) - 1:5, «Искра» (Алътуд) - «Урыху» (Урыху) - 5:1, «Псыкуэд-Марвил» (Псы­куэд) «ЛогоВаз» (Бабугент) - 0:3; накъыгъэм и 22-м: «Ислъэмей» (Ислъэмей) - «Къэбэрдей» (Налшык) - 4:3, «Шэ­джэм-­2» (Шэджэм ЕтIуанэ) - «Шэрджэс» (Шэджэм) - 4:2.
Жыласэ  Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.05.2024 - 10:52

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТРАУХУЭ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ.

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.