Гъатхэм и пшыхь

«Жан» зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI «Гъэм и теплъэгъуэхэр» усэ пшыхь­хэм къыпащэу, Сэралъп Мадинэ и Арт-унэм гъатхэр щагъэфIащ. 

Гъатхэм теухуа усэхэм къеджащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым и артистхэу Тэмазэ Лиуанрэ Тхьэщыгъуей Жаннэрэ, уэрэджыIакIуэ па­жэхэу Сокъур Ольгэрэ Хьэкъул Оксанэрэ. Уэрэд ма­къамэкIэ, пшынэкIэ, шы­кIэ­пшынэкIэ Iуэхур ягъэдэхащ Бэч Азэмэт, Беслъэней ­Ренатэ, ГъукIэ Ислъам, ­Щокъуий Мурат сымэ, «Къэ­бэрдей» джэгуакIуэ гупым. Гъатхэм ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм я ­теплъэгъуэхэр ­къигъэлъэгъуащ джэгуа­кIуэ Нэхущ Тимур. Пшы­нэрэ бэрэбанкIэ утыку къихьащ ныбжьыщIэ цIыкIухэу Къуэ­дзокъуэ Самиррэ Сыжажэ Аскэррэ. 
- Гъатхэращ дунейр къы­щытIэпIыр, къыщыгъагъэр! «Сыпсэуарэт!» жыпIэу гур еутIыпщ а зэман дахэм! Нобэ дэри гъатхэм дыпэ­джэжащ псалъэ къыхэщы­пыкIахэмкIэ, макъамэ гуа­пэкIэ, усыгъэ курыхкIэ, - жиIащ пшыхьыр езыгъэ­кIуэкIа Гумэ Маринэ. Абы зыкърезыгъэхьэлIа пща­-щэ­хэм къалэрдэгу Iэрамэ­хэр хуагуэшащ гъатхэ нэ­щэнэу. 
Гугъуэт  Заремэ,
Сурэтхэр Шыбзыхъуэ Астемыр трихащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.05.2024 - 10:52

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТРАУХУЭ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ.

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.