КАДЕТХЭМ Я ЗЭХЬЭЗЭХУЭ

Урысей ФСБ-м и Гъунапкъэхъумэ управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и саугъэтым щыщIэбэна «Гъунапкъэхъумэхэм я ныбжьэгъу ныбжьыщIэхэр» гупхэм я республикэ зэхьэзэхуэ екIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщат Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщытхьрэ илъэс 77-рэ зэрырикъур щыдгъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, - къет ведомствэм и пресс-IуэхущIапIэм.

Зэхьэзэхуэм хэтащ кадет классхэу Прохладнэ, Iуащхьэмахуэ, Шэрэдж районхэмрэ Налшык къалэрэ я школхэм щыIэхэм я еджакIуэхэр. Я ныбжь елъытауэ ахэр командэ 12 хъурт, псори зэхэту цIыхуи 100-м нэблагъэ къызэщIаубыдэу.

Программэм къызэригъэувымкIэ, абыхэм къапэщылът АК-74-р зэпкърыхыным икIи зэпкърылъхьэнымкIэ, гранатэ дзынымкIэ, «Рубин» стрелковэ тренажерыр къагъэсэбэпу кIэрахъуэкIэ уэнымкIэ, РХБЗ-м (радиацэм, химие, биологие Iэщэ лIэужьыгъуэхэм защыхъумэн) и мардэхэр гъэзэщIэнымкIэ, Iэпкълъэпкъыр псыхьынымкIэ я зэфIэкI къагъэлъэгъуэну, апхуэдэуи къэралымрэ гъунапкъэхъумэ органхэмрэ я тхыдэм теухуа викторинэм хэтын хуейт.

Зэпеуэм щытекIуащ Балъкъэр Ипщэ къуажэм Абаев М. и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №2-м и гъэсэнхэр, етIуанэ увыпIэр къахьащ гъунапкъэхъумэхэм я ныбжьэгъу ныбжьыщIэхэу Прохладнэ къалэм дэт курыт еджапIэ №4-м щIэсхэм, Бабугент къуажэм дэт, Депуев Хь. С. и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернатым щеджэхэр ещанэ хъуащ.

Зэхьэзэхуэр къыщызэрагъэпэщащ гъунапкъэхъумэ управленэм и къудамэм и къулыкъущIапIэм, школакIуэхэм зрагъэлъэгъуащ гъунапкъэхъумэхэм я Iэщэхэмрэ техникэхэмрэ.

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.