ЦIЫХУБЭ МАКЪАМЭХЭМ Я ДУНЕЙ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ  къэрал институтым  иджыблагъэ щекIуэкIащ «ЩIалэгъуалэр. Гъуазджэр. КъэгъэщIэрэщIэжыныгъэр» фIэщыгъэм щIэт  цIыхубэ  макъамэмкIэ  дунейпсо  фестиваль-зэпеуэ.

Институтым    тхыдэмрэ  музыкэмкIэ  кафедрэм и унафэщI Нало Людмилэ  зэрыжиIамкIэ, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ министерствэмрэ   ГъуазджэхэмкIэ институтымрэ къызэрагъэпэща  зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэр  Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ  бейр хъумэнырщ, зегъэужьынырщ. КъищынэмыщIауэ, мы Iуэхум  хэгъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэм  щыщу къыхыхьа   щIалэгъуалэр  зэрыгъэцIыхунырщ.

2005-2018  гъэхэм къриубыдэу фестивалыр  блэ  ирагъэкIуэкIащ, мы гъэм абы  Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу,  Абхъазым,  Краснодар, Ставрополь щIыналъэхэм, Къалмыкъым,   Москва, Дон Iуфэ Iус Ростов, Самарэ, Саратов, уеблэмэ Китайм  къикIа зэрыхэтам и фIыгъэкIэ  дунейпсо мыхьэнэ игъуэтащ.

ХьэщIэхэмрэ зэпеуэм  хэтынухэмрэ фIэхъус псалъэкIэ кърагъэблэгъащ КъБР-м и Парламентым и  УнафэщIым  и къуэдзэ Къардэн Муратрэ ГъуазджэхэмкIэ институтым и унафэщI Рахаев Анатолийрэ. ЗэIущIэр къызэIуаха иужькIэ,  абыхэм  Институтым и  медалыр хуагъэфэщащ  пшынауэ Iэзэ, УФ-м  щIыхь зиIэ и артист, дунейпсо зэпеуэ куэдым къыщыхэжаныкIа Шишкин Юрий.

Хабзэ зэрыхъуауэ, фестиваль – зэпеуэр  ГъуазджэхэмкIэ институтым   и оркестрым  къызэIуихащ.

МахуитIкIэ  екIуэкIа зэхыхьэм  мастер-классхэри щатащ.

Псом хуэмыдэу  гукъинэжу  щытащ Ростов дэт  Къэрал филармонием  и солист,  урысейпсо, дунейпсо зэпеуэ куэдым я лауреат Буряков  Алексей,  дунейпсо зэпеуэм куэдым я  лауреат, Саратов щыщ  щIалэ Бондаренкэ Вячеслав, Самарэ дэт  къэрал филармонием   и солист Хромов Алексей сымэ  ягъэзэщIа макъамахэр.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.