УЭРЭДЫЖЬХЭМ Я КЪАРУР

Бахъсэнёнкэ къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм иджыблагъэ пасэрей уэрэдыжьхэм я пшыхь къыщызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ Iэужьыр хъумэным и илъэсым хуэгъэпсауэ.
Бахъсэн щIыналъэм и творческэ гуп нэхъыфIхэм абы щагъэзэщIащ КъБР-м и цIыхубэ артист КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжа уэрэдыжьхэм щыщ.
Зэхыхьэм и къалэн нэхъыщхьэр адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнырщ, ар къыдэкIуэтей щIэблэм фIыуэ егъэлъагъунырщ, лъэпкъым и тхыдэр къызыхэщ а Iэужьым и къулеягъыр щIалэгъуалэм къыгурагъэIуэнырщ.
Илъэс куэд щIауэ адыгэ уэрэдыжьхэр къэзыгъэщIэрэщIэж «Кавказ», «Шэджэм», «Шэджэм псыкъелъэхэр» гупхэм, КъБР-м и цIыхубэ артист Зеущэ Ауес сымэ ягъэзэщIа уэрэдхэм адыгэбзэм и беягъыр, лъэпкъ гупсысэм и куууагъыр нэсу щызыхэпщIэрт. УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым уэрэджыIакIуэ нэхъыжьхэм я гъусэу а пщыхьэщхьэм утыкум къихьа ныбжьыщIэхэу Шыхъуэбахъуэ Ислъам, Тэджыр Заремэ, Шурдым Миленэ, Къурашэ Аринэ сымэ я зэфIэкIым.
Бахъсэн щIыналъэм щэнхабзэмкIэ къудамэм и унафэщI Тхьэмадокъуэ Зерэ къызэрыхигъэщащи, адыгэхэм я тхыдэ жыжьэр уэрэдыжьхэм екIуу къыщыгъэлъэгъуащ. Абыхэм блэкIа лъэхъэнэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ куэд ди зэманым къахьэсащ.

Тэрчокъуэ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.

13.05.2024 - 08:45

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ студент-дизайнерхэм я лэжьыгъэхэр.