ИНТЕРНЕТЫР КЪЫЗЭРЕЖЬЭРЭ ТФIЭКIУЭДАР

Британием къыщыдэкI «Daily Telegraph» газетым къытрадзащ Интернетыр къызэрежьэрэ цIыхухэм яIэщIэхуа Iуэхугъуэ щхьэпэхэр. Абы дызыхуишэнур фIыми Iейми зэманым къигъэлъэгъуэнщ.
- Зэхуэза цIыхуитIыр Iуэхум и пэжыпIэр зэхагъэкIын папщIэ мардэ гуэрым изагъэу зэдауэу аращ. Иджы Интернетыр къагъэсэбэпу апхуэдэ зэдауэр езышажьэхэм (шэч хэмылъу, цIэи-унэцIи къраIуэркъым), я гупсысэм къытемыхуэ анонимыр ялъэкIамэ, псэууэ къагъэнэнтэкъым, зыжрамыIэрэ зэрамыпэсрэ гъуэтыгъуейщ.
- ЩIэуэ къыдэкIа макъамэ альбомыр ахъшэ щIату къащэхуркъым, абы тет уэрэд псоми зэрызэ нэхъ мыхъуми едэIуэжыркъым. Ахъшэ щхьэ бгъэкIуэдын хуей, абы тет уэрэд къомми хуейр хэт, уигу ирихь уэрэдыр Интернетым къипхмэ зэфIэкIакъэ?!
- ЦIыху цIэрыIуэм, псалъэм папщIэ, политикым, и къэкIуэнури и пщIэри зэуэ фIэкIуэдыфынущ. Емыгупсысауэ е зэрымыщIэкIэ политикым зыгуэр къыжьэдэхуамэ, ар дакъикъэ бжыгъэм цIыхубэм ялъоIэсри, и напэр токI, уеблэмэ илъэс бжыгъэкIэ зэригъэпэща псоми пагъэкIыфынущ. 
- Сабийр балигъыпIэ иувэху ищIэн хуэмейхэмрэ имылъагъупхъэхэмрэ япэм адэ-анэм щахъумэфу щытамэ, иджы Интернетым и фIыгъэкIэ, хэт сыт хуэдэ хъыбар хуейми зыIэригъэхьэфынущ.
- Псалъалъэ, щIэнгъуазэ, телефон номерхэр зэрыт тхылъ, нэгъуэщI куэди «щIалъхьэжащ» «Яндекс»-мрэ «Гугл»-мрэ къэунэхури.
- Сыхьэт зезыхьэ щыIэжкъым, зэрыкъулейр кърыригъэлъэгъуэну сыхьэт лъапIэхэр зэрызылъхьэхэм фIэкIа. Сыхьэт бжыгъэр къэпщIэну ухуеймэ, компьютер, жып телефон, таймер зыхэт нэгъуэщI техникэ куэд щыIэщ.
- Музыкэ зыщэ тыкуэнхэр гугъуехь хэхуащ. Билан Димэ и альбомыщIэм сом мин щIэзытынур хэт, Интернетым илъмэ?
- Пощтзехьэ IэщIагъэм ирилажьэхэм я къалэнхэм захъуэжащ. Электроннэ пощтыр къежьащи, тхылъымпIэкIэ зыми письмо итхыжыркъым, почтальонхэм нэхъыбэу кърахьэкIыр пенсэращ. 
- Пащтыхьхэмрэ президентхэмрэ унафэр щаIэщIэлъа гъэхэр, властыр щызэIэпаха лъэхъэнэхэр уигу ибубыдэныр Iэмалыншэу щытыжкъым. «Википедие»-мкIэ зы дакъикъэ улъыхъуэмэ, зы Iуэхум теухуа хъыбарищэ зэуэ экраным къыпхуридзэнущ.
- Лэжьыгъэм, еджэным цIыхухэм къахудэхуэу щыта зэманыр дэнэ кIуа? ЩыIэжкъым апхуэдэ, Интернетым псори токIуадэ.
- «Место встречи изменить нельзя» фильмыр щекIуэкIкIэ, уэрамхэр нэщI щыхъуу щыта зэманыр щыIэжкъым. Иджыпсту ущыхуей сыхьэтым узыхуей теленэтыным е фильмым ИнтернеткIэ уоплъыф.
- ИмыщIэ бзэмкIэ тха тхыгъэм зыри игъэшынэжыркъым иджыпсту. Онлайн-зэдзэкIакIуэхэр уи Iэрылъхьэщи, зы кнопкэ тепкъузэмэ, тхыгъэм и купщIэр къует. 
- ТхылъымпIэрэ ручкэрэ яIыгъыу сабийхэр зэрыджэгуу щытахэр фщIэжрэ? ЩыIэжкъым апхуэди. ДжэгукIэ зэмыщхь Iэджэм сабийхэм я мызакъуэу, балигъхэри дихьэхауэ ИнтернеткIэ мэджэгу, зыдэджэгур компьютерырауи щрет е щIыгум и адрей гъунапкъэм щыпсэу цIыху гуэр ирехъу. 
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра

17.04.2024 - 09:01

ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр.

17.04.2024 - 09:00

ВАГЪУИЩЫМ Я НЭХЪ ЦIЫКIУМ

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.