ФЕСТИВАЛЫМ ПАШЭ ЩОХЪУ

Бахъсэн район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр щытекIуащ Адыгэ республикэм щекIуэкIа «Возвращение к истокам – путь к возрождению» фестиваль-зэпеуэм. Ар къызэрагъэпэщат Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ     ЦIыхубэ щэнхабзэмкIэ центрымрэ, Адыгейм и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.
   ЗэпэIэщIэу ирагъэкIуэкIа зэпеуэм ирагъэхьащ «КъуейплъыжькIэрыщIэ» дауэдапщэм теухуа видеонэтыныр. Унагъуэм щIалэ къыщихъуэкIэ къызэрагъэпэщ а   зэхыхьэр спорт джэгу-зэпеуэхэмкIэ,   гуфIэгъуэ Iэнэ берычэтхэмкIэ, саугъэтхэмкIэ гъэнщIащ.
Лъэпкъым къыдекIуэкI а хабзэм и дахагъэмрэ и мыхьэнэмрэ гу лърагъэтэн папщIэ, IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм    кхъуейплъыжькIэрыщIэр  зэрырагъэкIуэкIыр зыубгъуауэ къагъэлъэгъуащ. Абы щIалэхэр я къарумкIэ, пщащэхэр адыгэ шхыныгъуэхэр гъэхьэзырыным щаIэ зэфIэкIхэмкIэ щызэпеуащ.
   Адыгэ хабзэм и дахагъэр апхуэдэу екIуу, удихьэхыу къыщыгъэлъэгъуа видеонэтыным и фIагъыр, къэпщытакIуэхэм я мызакъуэу, Интернетым абы щыкIэлъыплъахэми къалъытащ, абы папщIэ   саугъэт щхьэхуэри къалъысащ. Зэхьэзэхуэм зэрыхэта   лэжьыгъэм еплъыну гупыж зыщIхэм ар къыщагъуэтынущ Адыгэ Республикэм и ЦIыхубэ щэнхабзэ центрым и сайтым.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.