«ВАГЪУЭ ЦIЫКIУМ» И ИЛЪЭСИПЩI ГЪУЭГУАНЭ

Музыкэ театрым щагъэ­лъэ­пIащ Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къа­фэхэмкIэ щапхъэу къалъытэ «Вагъуэ цIыкIу» и сабий ансамблыр (художественнэ уна­фэ­щIыр КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ­Къурашэ Эдуардщ) къызэры­зэрагъэпэщрэ илъэсипщI зэ­ры­рикъур. Къафэр зи псэм хэлъ ныбжьыщIэхэр щагъафIэ концертыр гукъинэжу къызэрагъэпэщащ. Ар иригъэкIуэкIащ режиссёр Гумэ Маринэ.

Гупым и концертым кърихьэлIахэр лъэпкъ къафэ лIэу­жьыгъуэхэмкIэ (адыгэ уэркъ къа­фэ, къафэ, удж хэш, удж пыху, зэ­ныбжьэгъуищым я къафэ, авар пщащэм и къафэ, сэхэтIэ къафэ, мэлыхъуэ къафэ, убых лъапэрышэ, ислъэмей, удз гъэгъахэм я къафэ, нэгъуэщIхэри) хагъэгъуэзащ адыгэ къафэ ­гъуазджэм и дахагъэм, и мы­хьэнэм. А псом дэщIыгъужт ныб­жьы­щIэ­хэм ди лъэпкъым и хабзэхэмрэ гъуазджэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэр. Къафэм къыдэкIуэу, ахэр пшынэмрэ бэрэбанымкIи зэрымыхуэмыхур умыгъэщIэ­гъуэн плъэкIыртэкъым. Ар зи фIы­щIэр сабийхэм псэемыблэ­-жу ядэлажьэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, пшынауэ цIэрыIуэ Сэхъу Хьэсэнрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, бэрэбэнауэ Iэзэ Шэрэдж Алийрэщ. ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым хэтхэр я фащэкIи зыIыгъыкIэкIи къызыхуэтыншэу зэпэщу утыку зэритым укIэ­лъып­лъыну гухэхъуэт. Концертыр ягъэ­дэхащ щапхъэу къалъытэ «Ассорти» (Прохладнэ къалэ), «Эльбрус», «Нал цIыкIу», «Каллисто» къэфакIуэ гупхэм.
Утыкур зыгъэбжьыфIа артист ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ ­КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэ­ны­гъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, Шэджэм район админист­рацэм и Iэтащхьэ Борсэ Юрэ, Шэджэм район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI ­Къабжьыхь Эммэ, Нартан къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Урыс Эльдар, КПРФ-м и къудамэу ­КъБР-м щыIэм и тхьэмадэ Пащ­ты Борис, нэгъуэщI­хэри.
Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ «Вагъуэ цIыкIу» ансамблым и къэфакIуэхэм хьэл-щэн дахэ зэры­далъагъур, я зэфIэкIыр куэ­дым щапхъэ зэрахуэхъуар, я ­ехъулIэныгъэхэм зэрыригуш­хуэр, республикэм, къэралым ще­кIуэкI щэнхабзэ, гъуазджэ зэ­хы­хьэхэр зэрагъэдахэр.
ЩIыналъэ, урысейпсо, дуней­псо зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу адрейхэм щефIэкIа гупым нобэ сабии 120-рэ хэтщ. 2014 гъэм Сочэ къалэм щекIуэкIа «Дахагъэм дунейр ­къригъэлынущ» дунейпсо телевизионнэ зэпеуэм и Гран-при-мрэ япэ увыпIэмрэ абы къыхуагъэфэщащ. Пашэ щы­хъуащ ­къафэхэмкIэ 2016 гъэм екIуэкIа «Мэзкуу бжьыхьэ» япэ феде­ральнэ зэпеуэм. Къищы­нэмы­щIауэ, Санкт-Петербург ще­кIуэ­кIа «НЕВА-Данс» III  урысей­псо зэпеуэм хагъэхьа къафэ ­лIэу­жьыгъуэ псоми «Вагъуэ цIы­кIур» зэрыщытекIуар, лау­реат ­зэ­рыщыхъуар къалъытэри, ар зи жэрдэм «Алые паруса» щэнхабзэ фондым и «Дэрэжэ­гъуэ» саугъэ­тыр къратащ. Мы гъэри ансамблым хуэугъурлащ: гупыр зыхэта зэпеуэхэм (ди республикэм, Со­-чэ къалэм, Осетие Ищхъэрэм жыпIэми) Гран-при-р, япэ увы­пIэхэр къыщихьащ.
- Дызэрыгушхуэ къэфакIуэхэр фестивалхэм, зэхьэзэхуэхэм нэхъыбэу зэрыхэтым Iэмал къарет я зэфIэкIхэр къапщытэжыну, щIэ­хэм нэхъ тегушхуэну, - жеIэ Къурашэ Эдуард. - Ди фIэщ ­мэхъу лъэпкъым къыдекIуэкI хъу­гъуэфIыгъуэхэр ди щIэблэм IэщIыб зэримыщIынур. Нэхъыбэу зи ужь дитыр цIыкIухэр Интер­нетым къишэ зэраныгъэхэм, ­мыхъумыщIагъэхэм пэIэщIэ тщIы­нырщ, пасэрей макъамэхэмрэ къафэхэмрэ дедгъэ­хьэхыу, лъэпкъ хабзэм, бзэм, фащэм зэрыщIэтпIыкIыным дыхущIокъу. Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр, ди къафэ лIэужьыгъуэхэр щIэблэм ихъу­мэнырщ дызытелажьэр. А псор къыдэхъулIэнымкIэ мыхьэ­нэш­хуэ иIэщ адэ-анэхэм Iуэхур къы­зэрыддаIыгъым, сыткIи я бы­-ным щIэгъэкъуэн зэрахуэ­хъум. Гупым и ехъулIэныгъэхэр си  щхьэ хуэсхьыркъым, си лэ­жьэ­гъухэри адэ-анэхэри зы унагъуэм хуэдэу дыздэIэпыкъуу дызэ­ры­зэдэлажьэм къыпэкIуэ фIы­гъуэщ.
Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм бадзэуэгъуэм и 2-м «Ва­-гъуэ цIыкIу» ансамблым щи­ты­- ну юбилей концертым фра­гъэб­лагъэ. Ар иригъэкIуэкIынущ ­КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ КIэхумахуэ ФатIимэ.

 

Тхыгъэри сурэтхэри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.