АСЛЪЭН АХЬМЭД: УЗЫНШАГЪЭР ЗЭРЫФХЪУМЭНЫМ ФЫХУЩIЭКЪУ

Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм пэрытхэр сыт хуэдэ зэманми ялъытэу, пщIэ хуащIу къекIуэкIащ, медицинэм цIыху гъащIэм щиIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдэщи. А IэщIагъэм ирилажьэхэр зыпэрыт Iуэхум хуэпэжу, жэуаплыныгъэр зыхащIэу, цIыхугъэ лъагэ яхэлъу щытыпхъэщ сытым дежи. Я псэемыблэж лэжьыгъэм, Iэзагъышхуэм, гумащIагъэм къахуихьащ жылагъуэм щаIэ фIылъагъуныгъэмрэ пщIэмрэ.
Категорие нэхъыщхьэ зиIэ хирург, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и медицинэ факультетым госпиталь хирургиемкIэ и кафедрэм и унафэщI Аслъэн Ахьмэд ящыщщ ди къэралым пщIэрэ щIыхьрэ щызиIэ дохутыр цIэрыIуэхэм. «Элита здравоохранения» орденыр, Лука щихъым и медалыр зрата, УФ-м, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ я министерствэхэм я щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща, Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я дохутыр, Ангиологхэмрэ лъынтхуэ узыфэхэм еIэзэ хирургхэмрэ я урысейпсо зэгухьэныгъэм хэт, щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м щIигъу зи Iэдакъэм къыщIэкIа профессорыр къытхутепсэлъыхьащ и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым, лъынтхуэ узыфэхэмкIэ хирургием и нобэмрэ и къэкIуэнумрэ.
- Ахьмэд, лъынтхуэ узыфэхэм еIэзэ хирургым нобэ лэжьыгъэ куэд иIэ?
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а узыфэр зиIэ сымаджэхэри куэд мэхъу. Зы илъэсым къриубыдэу ди къудамэм операцэу I500-м нэблагъэ щыдогъэкIуэкI. Абыхэм ящыщу 400 - 500-р гум, щхьэм екIуалIэ, лъакъуэм ирикIуэ лъынтхуэхэм епхащ.
- Лъынтхуэ узыфэхэр къызыхэкIыр сыт?
- Псом япэрауэ, цIыхум узыфэ хэтIэса иIэмэ, абы зиубгъуурэ макIуэ. ЕтIуанэрауэ, абы зезыгъэужь щхьэусыгъуэхэр щыIэщ – лъынтхуэхэм ирикIуэ лъыр Iув зэрыхъум къыхэкIыу, я къалэныр тэмэму гъэзэщIа хъуркъым. Псалъэм папщIэ, лъакъуэхэм лъынтхуэр къытредзэ, къопщ, пщыхьэщхьэхуэкIуэу, зы хьэлъэ гуэр кIэрыщIам хуэдэу, уи лъэр пхузэблэмыхыжу уохъу. Гум къыбгъэдэкI лъынтхуэхэм епха узыфэхэм Iэпкълъэпкъыр ягъэундэрабжьэ, щхьэ куцIыр, кIуэцIыр зыхуэныкъуэ лъыр тэмэму ялъэмыIэсу мэхъу.
Дуней псом цIыху нэхъыбэ зэрылIыкIыу, ныкъуэдыкъуагъ къызыхэкIыу къалъытэ узхэм япэ итыр лъынтхуэ узыфэхэрщ. Абы ипкъ иткIэ цIыхухэр зэгугъужу зыкIэлъыплъыжмэ, пIалъэкIэрэ дохутыр зрагъэплъмэ, нэхъ узыншэу куэдрэ псэунущ.
- Лъынтхуэхэм я лэжьэкIэм теухуауэ гурыщхъуэ гуэр зыхуэзыщIыж цIыхум сыт хуэдэ IэщIагъэлI зызыхуигъэзэнур?
- Шэч хэмылъу, лъынтхуэ узыфэхэм еIэзэ хирургым и деж кIуэн хуейщ икIи, псом япэрауэ, абыхэм я лэжьэкIэр УЗИ IэмэпсымэмкIэ къэпщытапхъэщ.
- Фи лэжьыгъэм лазерым и Iэмалхэр къыщывгъэсэбэпрэ?
- Псори зэлъытар узыфэр зыхуэдэрщ. Ар хэмытIэсауэ, лазерым и IэмалхэмкIэ тхуэгъэхъужынумэ, а Iэзэгъуэр къыдогъэсэбэп. Лъакъуэм екIуалIэ, абы ирикIуэ лъынтхуэхэм хирургие IэмалхэмкIэ нэхъыфIу уеIэзэфынущ. Операцэ зэхэтхэр, гум къыбгъэдэкI лъынтхуэ зыбжанэм епхауэ, щедгъэкIуэкIкIэ катетер, эндоваскуляр хирургием нэхъ тыдогъащIэ.
- Сымаджэр операцэ зэрыхуэмыныкъуэр и фIэщ фщIын хуейуэ щытыкIэ къыщыфхуихуа къэхъуа?
- ЩыIэщ Iэмал имыIэу операцэ тщIын хуейуэ къытхуэзыгъэув сымаджэхэри. Ауэ хирургие Iэмалхэр къыщыгъэсэбэпыпхъэр медицинэ къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуам тетущ.
- Зызумыпщытын операцэ щыIэ?
- УпщIэр пэжу гъэува хъуакъым. Сымаджэр къебгъэлыну Iэмал гуэр щыIэмэ, ар къэгъэсэбэпын хуейщ. Мис мыпхуэдэ упщIэ къоув: дзыхьщIыгъуэджэм сытегушхуэну пIэрэ? Сэбэп хуэхъуфыну ищIэмэ, IэщIагъэлI нэсыр Iэмал имыIэу тегушхуэн хуейщ.
- ЕхъулIэныгъэ зиIэ хирургым и щэхур сыт хуэдэ?
- Дохутырыр и IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIыу, пэжыгъэ хэлъу, и гур цIыхухэм яхузэIухауэ щытыпхъэщ. Хирургым упщIищ зыхуигъэувыжын хуейщ: дауэ? Сыт хуэдэу? Сыт щхьэкIэ?
- Ахьмэд, КъБКъУ-м и медицинэ факультетым госпиталь хирургиемкIэ и кафедрэм уриунафэщIщ. Нобэрей студентхэм ятеухуауэ сыт жыпIэфын, къыхаха IэщIагъэр яфIэгъэщIэгъуэну гу лъыптэрэ?
- НыбжьыщIэхэр мурад гуэрым нэхъ хущIэкъуу, нэхъыбэ къащIэну, еджэну хуейуэ, я егъэджакIуэхэм ядэплъейуэ апхуэдэщ.
- Сыт хуэдэ чэнджэщкIэ захуэбгъэзэнт цIыхухэм?
- Псом нэхърэ нэхъапэр узыншагъэращ, ар зэрыфхъумэным фыхущIэкъу, и чэзум къахута узыр куэдкIэ нэхъ гъэхъужыгъуафIэщ.

 

Епсэлъар Джэш ФатIимэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.