ЗЫ МАХУЭМ ЕГЪЭДЖАКIУЭ УХЪУФЫНУКЪЫМ

Хьэжнэгъуей ФатIимэ и анэшхуэм (Пщыунэ ФатIимэт пэщIэдзэ классхэм щIэсхэр илъэс куэдкIэ иригъэджащ) и деж къыщыщIэдзауэ егъэджакIуэ IэщIагъэр унагъуэм къадогъуэгурыкIуэ. И анэ Пекъу ХьэIишэти илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ биологиемкIэ егъэджакIуэу мэлажьэ.
- Си анэшхуэм егъэджакIуэу лэжьэн щыщIидзар Каменномост къуажэращ, зауэ нэужь илъэсхэм. Абы и дежкIэ егъэджакIуэ ухъун щхьэкIэ мащIэт махуэ ныкъуэкIэ доскам укIэрытыныр. Ар а IэщIагъэм ирипсэурт, и еджакIуэхэм я ехъулIэныгъэхэм ирипагэу. Уеблэмэ школыр куэд щIауэ къэзухыу гъащIэ балигъым хыхьэжахэм щхьэкIи «си бынхэр» жиIэрейт. Иджы фIы дыдэу къызгуроIуэ си анэшхуэм и псалъэхэр: сыт хуэдиз ныбжь яIэ хъуами, ебгъэджахэр сыт щыгъуи уи дежкIэ сабийуэ щытынущ, - жеIэ Хьэжнэгъуейм.
И анэшхуэмрэ и анэмрэ я щапхъэращ ФатIимэ IэщIагъэр къыщыхихым къыхуэщхьэпар. 2005 гъэм ехъулIэныгъэ иIэу школыр къиуха нэужь, куэдрэ мыгупсысэу КъБКъУ-м «ПэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэ» и къудамэр къыхихащ.
- Университетыр къыщыдухым, къыздеджа куэд тегушхуэртэкъым школ доскам кIэрыувэну. Сэ а дакъикъэр къысхуэмыгъэсу сыпэплъэрт, - жеIэ ФатIимэ. - Иджыри сыстуденту физическэ щэнхабзэмкIэ егъэджакIуэу лэжьэн щIэздзащ, иужькIэ илъэскIэ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №I2-м егъэджакIуэ-къызэгъэпэщакIуэу сыщыIащ. А илъэсым си зэфIэкIым хэзгъэхъуэну сиIащ IэмалыфI. ИтIанэ пэщIэдзэ классхэр къызатащ.
Хьэжнэгъуейр щылэжьащ сабий ныкъуэдыкъуэхэр щрагъаджэ Ресурс центрым епхауэ щыIэ ЩIэныгъэ-техникэ творчествэмкIэ еджакIуэхэм я щIыналъэ IуэхущIапIэми. ЯпэщIыкIэ ФатIимэ къилъытащ зэса лэжьэкIэм тету кIуэмэ, гугъуехь а Iуэхум къыхэкIын хуэмейуэ. АрщхьэкIэ, езым зэрыжиIэмкIэ, «егъэджакIуэм и дерситI зэхуэдэ зэи хъуркъым».
- Ресурс центрым сыщыщыIэм цIыкIухэм япэIэщIэу (скайпкIэ) зырызыххэу садэлажьэрт. Си еджакIуэхэр зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэрати, жэуаплыныгъэ нэхъыбэ зэрысхьыр къызгурыIуэрт. Уеблэмэ абыхэм я гукъеуэри гукъыдэжри экранымкIэ зыхэсщIэрти, зэрысхузэфIэкIкIэ, абыхэм щIэныгъэ зэрестым къыдэкIуэу, гулъытэ яхуэсщIынуи сыхущIэкъурт, - къыхегъэщ Хьэжнэгъуейм. - Пэжыр жыпIэмэ, цIыкIухэм сапыщIаурэ сэ езым си зэфIэкIми къэухьми хэхъуащ. Нэхъыщхьэрати, гъащIэм нэгъуэщI нэкIэ сеплъу, Iуэху мыхьэнэншэу къысщыхъуу щытахэм иджы гулъытэ хуэсщIуу сыхъуащ. Абы сыщыщылэжьарщ къыщызгурыIуар зы махуэм егъэджакIуэ узэрымыхъур, атIэ а Iуэхум куэдрэ уелэжьын зэрыхуейр. Ар ещхьщ тепса жылэм асыхьэту гъавэ къузэримытым.
20I6 гъэм и фокIадэм ФатIимэ Дзэлыкъуэкъуажэм и курыт школ №I-м пэщIэдзэ классхэр щригъэджэн щIидзащ. Ар и анэшхуэм и пIэ иувэжауэ жыпIэ хъунущ. 20I9 гъэм абы и япэ гъэсэнхэр къыщIигъэкIащ. 2020 гъэм ар щытекIуащ «Илъэсым и егъэджакIуэ» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм.
Къэбгъэлъагъуэмэ, Хьэжнэгъуейр илъэси I0-м щIигъуащ егъэджэныгъэ лэжьыгъэм зэрыхэтрэ икIи Iуэхуншэу щысыфхэм ящыщкъым, зэрызиужьынум зэпымыууэ йогупсыс. И мурадхэм ящыщщ абы психолог IэщIагъэри зригъэгъуэтыну зэрыхуейр.
- Си хъуэпсапIэхэм ящыщщ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэм папщIэ школ къызэIусхыну. Апхуэдэ цIыкIухэм гулъытэ лей ягъуэтын, я щхьэ Iуэху зэрахуэжыфу егъэсэн хуейщ. Абы щыгъуэщ гъащIэм щызиIэ фарзыр згъэзэщIауэ къыщыслъытэнур, - жеIэ ФатIимэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ..

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.