КIуэкIуэ Казбек «Анэм и щIыхь» медалыр сабий куэд зиIэ анэхэм ярет

КъБР-м и Правительст­вэм и Унэм щекIуэ­кIащ «Анэм и щIыхь» медалыр сабий куэд зиIэ анэхэм зэрыратым теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ. Дамыгъэ лъапIэр хуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыщ цIыхубз тIощIым.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм и гуапэу ехъуэхъуащ къэралым щагъэлъапIэ махуэшхуэмкIэ - Анэм и махуэмкIэ.
«Фи бынхэр пэжыгъэрэ цIыхугъэрэ яхэлъу къэтэ­джын, ди къэралым и цIыху нэс хъун папщIэ фэ фхузэфIэкI псори фолэжь, фи псэр етауэ абыхэм я творческэ зэфIэкIхэр къы­вогъэуш, я ехъулIэныгъэхэм фрогушхуэ. Си гумрэ си псэмрэ къабгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI апхуэдэ псэемыблэж лэжьыгъэм папщIэ, унагъуэ хабзэ нэхъыфIхэр хъу­мэным фы­зэ­регугъум къыхэкIыу, - къыхигъэ­щхьэхукIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр, жиIащ КIуэкIуэ Казбек, жыджэру хыхьащ урысейпсо лъэпкъ проект 12-м я щIыналъэ Iыхьэхэр зэхэлъ­хьэным. Абыхэм ящыщу нэхъыщхьэ дыдэхэр зы­хуэунэтIар егъэджэныгъэр, узыншагъэр хъу­мэныр егъэфIэкIуэнырщ, тыншыпIэ псори зиIэ псэу­пIэхэр щIынырщ, сабий зэрыс унагъуэхэм я псэу­кIэм зегъэужьынырщ: «Дэ тхузэфIэкIыу зыри къэдгъэнэнкъым унагъуэхэм, псом хуэмыдэу сабий куэд зэрысхэм, яхуэфэщэн ­гулъытэ ягъуэтын пап­-щIэ», - къигъэлъэгъуащ рес­публикэм и унафэ­щIым.
КIуэкIуэ Казбек бын куэд зиIэ анэхэм ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ, насып, ефIэкIуэныгъэ яIэну.
ГуфIэгъуэ зэIущIэм хэтащ федеральнэ центрым и лIыкIуэ, апхуэдэу КъБР-м и Парламентым, Прави­тельствэм, профсоюз, жы­лагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
«Анэм и щIыхь» медалыр а махуэм иратащ:
Архагъэ Любэ (быни 5), ГъуаплъащIэ Ларисэ (быни 7), Iэюб Гуля (быни 5), Бэв Маридэ (быни 5), Бисеровэ Даимат (быни 7), Джанатаевэ Беллэ (быни 5), Евдокимовэ Еленэ (быни 5), ­Зэшей Иринэ (быни 5), Ирыгу Иринэ (быни 5), Иттиевэ Дарико (быни 5), Къаныкъуэ Iэсият (быни 5), Кэцыбей Марьянэ (быни 5), Гугъуэт Мадинэ (быни 5), Къущхьэ Жаннэ (быни 7), Лукьяевэ Фаризэт (быни 6), Хаировэ Зайнаф (быни 5), ХьэпащIэ Светланэ (быни 10), Шэру Лерэ (быни 7), ШыдукI Валентинэ (быни 8), Юсуповэ Зульфия (быни 5).

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.