Анэхэр ягъэпажэ

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щэ­кIуэгъуэм и ­22-м пшыхь гуа­пэ ще­кIуэкIащ Анэхэм я махуэм теухуауэ.

IуэхущIапIэм и пэIущIэ пэшым къыщызэIуахат су­рэт щIыным дихьэх ныбжьыщIэхэм я Iэдакъэ къы­щIэкIа лэжьыгъэхэм я гъэ­лъэгъуэныгъэ. Абыхэм нэхъыбэу къыщагъэлъэгъуат фIыуэ ялъагъу, нэхъ лъапIэ дыдэу гъащIэм щаIэ анэхэм я сурэтхэр.
Пшыхьыр зэдрагъэкIуэ­кIащ телевиденэм и лэ­жьакIуэ, уэрэджыIакIуэ Аттаев Азноррэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм   и лэжьакIуэ МафIэдз Ли­нэрэ. Абыхэм къыхагъэщащ, зэрыт ныбжьым емылъы­тауэ, цIыхур сыт щыгъуи анэм и гуапагъэ, гулъытэ, щабагъэ зэрыхуэныкъуэр.
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ, пщIэ зыхуэтщI анэхэ! КъБР-м и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Правительствэм, си щхьэм къабгъэдэкIыу анэхэм сы­ны­вохъуэхъу узыншагъэ, ­гъащIэ кIыхь, гуфIэгъуэ фиIэну, - жиIащ КъБР-м и Правительствэм и Унафэ­щIым и къуэдзэ Къардэн Мурат. - Анэмрэ бынымрэ я зэхущытыкIэ дахэм нэхърэ нэхъ къабзэ щыIэу фIэщ­щIыгъуейщ. Анэгур сыт щыгъуи быным хуэмыгъуэщ. Бын псори фыкъы­хузоджэ дапщэщи анэхэм зэман ­къахуэвгъуэту хуэфащэ гулъытэ яхуэфщIыну, псалъэ гуа­пэхэр ялъывгъэсыну.
Налшык къалэм и ЦIыхубз­хэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаскъул Iэулият анэ лъапIэхэм, хьэщIэхэм ягу къигъэкIыжащ 1998 гъэ лъандэрэ Анэм и махуэр къэралым зэрыщагъэлъапIэр. Абы къыхигъэщащ бын­хэм я анэхэм хуаIэ хуабагъэр, гуапагъэр, лъагъуныгъэр къагъэлъэгъуэнымкIэ, фIыщIэ хуащIынымкIэ ар зэрыIэмалыфIыр.
- Анэр унагъуэм и гугъапIэщ, и щIэгъэкъуэнщ, и хъугъуэфIыгъуэщ. Дэтхэнэри анэхэм дыкъахъумэ. Къэралым и къэкIуэну щIэблэр къэзыгъэтэдж анэхэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Бын гуфIэгъуэ фыщымыщIэу, абыхэм я зэфIэкIым фригушхуэу Тхьэм фигъэпсэу! - жиIащ Къаскъул Iэулият пшыхьым къекIуэлIа анэхэм защыхуигъазэм.
ЗэIущIэр ягъэдэхащ уэ­рэд­жыIакIуэхэу Тхьэгъэ­лэдж Светланэ, Гергокаевэ Хьэлимэт, Хекилаевэ Денизэ, «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым, «Шагъдий», «Нал цIыкIу», «Арабеск» сабий къэфакIуэ гупхэм.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.