КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. иригъэкIуэкIащ кIэрыхубжьэрыхухэр зэрызэщIакъуэ щIыкIэр зэхъуэкIыным теухуа зэIущIэ

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэ­кIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щригъэ­кIуэ­кIащ унагъуэ кIэрыхубжьэрыхухэр зэ­ры­зэ­хуахьэсыр зэхъуэкIыным теухуа зэIущIэ.

Мы Iуэхум, жиIащ КIуэкIуэ Казбек, псэуныгъэм и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ икIи абы пыщIащ республикэм исхэм я Iуэхур егъэфIэкIуэныр. Абы и лъэныкъуэкIэ тIэщIэкI дэтхэнэ зы щыуагъэри жылагъуэхэм я санитар-экологие щытыкIэм зэран хуэхъунущ.
Иджыпсту зэхэлъхьэн яухауэ республикэм щагъэзащIэ унагъуэ кIэрыхубжьэрыху быдэхэр зэрызэхуахьэс икIи зэрыщIатIэ щIыкIэм теухуа схемэщIэ. ЗэIущIэм хэхауэ щыжаIащ мы Iуэхум егъэщIылIа щIыналъэ операторым жэуаплыныгъэшхуэ зэрыбгъэдэхуэр.
КIэрыхубжьэрыху быдэхэр зэрызэхуахьэс икIи зэрагъэкIуэд IэмалыщIэхэр 2019 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ къагъэ­сэбэпынущ.
Зыхэплъэ Iуэхум теухуауэ зэIущIэм докладхэр щащIащ КъБР-м и Правитель­ствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - КъБР-м ­инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Бэлэтокъуэ    В. Хь., КъБР-м щIыуэпсым и хъугъуэ­-           фIы­гъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев И. К. сымэ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительс­т­вэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр, район, къалэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.