КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. хэтащ туризмэм и IуэхущIапIэхэр лыжэкIэ къыщажыхь щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуэхьэзырым теухуа зэIущIэмДыгъуасэ Къэрэшей-Шэрджэсым щекIуэкIащ туризмэм и IуэхущIапIэхэр лыжэкIэ къыщажыхь щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуэхьэзырым теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александр, Урысей Федерацэм Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, къэхъуа гузэвэгъуэхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ и министр Зиничев Евгений, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ КIэрэф Мурат сымэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|