|
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. ВЛКСМ-р илъэси 100 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэм хэтахэм зэрызахуигъэза хъуэхъу псалъэ
25 октября, 2018 - 07:14
ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
ВЛКСМ-р илъэси 100 зэрырикъумкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я щIэблэ куэдым я гъащIэр комсомолым и тхыдэм къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ. Фэ фщыщ дэтхэнэ зыми мы махуэм и комсомол щIалэгъуэр, къызэрыгуэкI, ауэ ВЛКСМ-м щIыхь зиIэ и тхыдэм и лъабжьэ хъуа Iуэху бжыгъэншэхэр зыдилэжьа и ныбжьэгъу пэжхэр игу къегъэкIыж. Зыхуэдэ щымыIэ, тхыдэм зэи къыщымыхъуауэ, цIыху куэд зыхэта жылагъуэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэр гъэсэныгъэм и школ гъуэзэджэу уващ, гъащIэм жыджэру хэтыным, гъуэгу тэмэм теувэным куэд хуиущиящ. Комсомолым и лIыкIуэхэр сытым дежи япэ итт, гъуэгу мытыншхэр къыхахыу. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм абыхэм лIыгъэ яхэлъу Хэкур яхъумащ, зауэ нэужь ухуэныгъэшхуэхэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, спортым ехьэлIа проект инхэр гъэзэщIэным жыджэру хэтащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомолыр ВЛКСМ-м и сатыр пэрытхэм хэтахэм ящыщщ икIи абы напэкIуэцI гъуэзэджэу куэд хитхащ ди Хэкум и тхыдэм, абы лэжьыгъэмрэ хахуагъэмрэ япыщIа и блэкIам. Республикэм и комсомолым игъэсахэм ящыщ куэд ноби жыджэру щолажьэ гъащIэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъэхэм икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэ, жылагъуэ-политикэ зыужьыныгъэм яхуэфэщэн хащIыхь. Абы къегъэлъагъуэ комсомолым къарита щIэныгъэр, Iэзагъэмрэ зэфIэкIымрэ, Хэкум и къэкIуэнум хуэгъэза плъапIэм, Iуэху пыухыкIахэр къэралым хуэлэжьыным хуэдэ фIыгъуэхэр нобэми ди цIыхухэм зэрахуэлажьэр.
Шэч къытесхьэркъым зыхуэбгъэ- дэн щымыIэ зэфIэкIыр, ВЛКСМ-м и хабзэу зэманым игъэунэхуахэр нобэрей щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я дежкIэ гъуазэу зэрыщытынум.
Узыншагъэ быдэ, комсомол жы-джэрагъ, насып, ефIэкIуэныгъэ фиIэну сынывохъуэхъу.
|
17.04.2024 - 16:08 Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. |
|
17.04.2024 - 16:05 «Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо |
|
17.04.2024 - 09:01 Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра |
|
17.04.2024 - 09:01 Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр. |
|
17.04.2024 - 09:00 Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ. |
|